ПРОГРАММА
вступительных испытаний в магистратуру по направлению
032700.68 – «Филология»
Магистерская программа – «Литература народов России»
(кабардино-черкесская литература)
СОДЕРЖАНИЕ
1. Общие положения …………………………………………………………… 3
2. Определение содержания вступительных испытаний ………….……… 3
3. Требования, проверяемые в ходе государственного экзамена............... 3
3.1. Перечень основных учебных модулей (ОУМ) – дисциплин
образовательной программы ……………...…………………………………. 4
3.2. Программы вступительного экзамена по основным учебным модулям и перечень вопросов, выносимых для проверки экзамена …... .5
3.2.1. Б.3.7. История кабардино-черкесской литературы..……………….. 5
3.3. Методические рекомендации по проведению вступительного экзамена..39
1. ОБЩИЕ ПОЛОЖЕНИЯ
Формы и условия проведения вступительных испытаний определяются ученым советом высшего учебного заведения (факультета) и доводятся до сведения бакалавров не позднее чем за полгода до начала экзамена. Бакалавры обеспечиваются программами экзаменов, им создаются необходимые для подготовки условия, для желающих проводятся консультации.
Результаты вступительных испытаний определяются оценками «отлично», «хорошо», «удовлетворительно», «неудовлетворительно».
По результатам вступительных испытаний экзаменационная комиссия принимает решение о зачислении в магистратуру.
Программа вступительного экзамена включает ключевые теоретически и практически значимые вопросы по комплексам дисциплин, входящих в цикл общепрофессиональных дисциплин (ОПД) и дисциплин специализаций Госстандарта по направлению 032700.62 – «Отечественная филология», (кабардинский язык и литература).
2. ОПРЕДЕЛЕНИЕ СОДЕРЖАНИЯ ГОСУДАРСТВЕННЫХ ИСПЫТАНИЙ
Вступительный экзамен по отдельной дисциплине должен определять уровень усвоения бакалавром материала, предусмотренного учебной программой и охватывать все минимальное содержание данной дисциплины, установленное соответствующим государственным образовательным стандартом.
На вступительном экзамене по направлению бакалавры демонстрируют практическое владение историей кабардинской литературы.
Ответ бакалавра должен подтвердить достаточно полное знание современного состояния литературоведения, а также происхождение и основные этапы развития кабардино-черкесской литературы; определить место кабардинщ-черкесской литературы в структуре гуманитарного знания, умение владеть методами и приемами анализа литературного произведения, ориентироваться в литературном процессе.
3. ТРЕБОВАНИЯ, ПРОВЕРЯЕМЫЕ В ХОДЕ ВСТУПИТЕЛЬНОГО ИСПЫТАНИЯ
Бакалавр должен подтвердить:
- владение текстами литературных произведений и иметь представление о литературном процессе;
- умение анализировать произведения кабардино-черкесской литературы;
- знание литературы и фольклора в их историческом развитии и современном состоянии, в сопряжении с историей и культурой народа;
- понимание закономерностей литературного процесса, художественного значения литературного произведения в связи с общественной ситуацией и культурой той или иной эпохи, определять художественное своеобразие произведений и творчества писателя в целом;
- владение основными методами литературоведческого анализа;
- владение методами информационного поиска;
- знание истории, современного состояния и перспектив избранной специальности.
3.1. Перечень основных учебных модулей (ОУМ) – дисциплин образовательной программы
Программа вступительного экзамена по направлению 032700.68 – «Филология», «Литература народов России» (кабардино-черкесская литература) включает в себя ключевые и практически значимые вопросы по комплексу специальных дисциплин специализации Госстандарта.
3.2. Программы вступительного экзамена по основным учебным модулям и перечень вопросов, выносимых для проверки экзамена
3.2.1. АДЫГЭ (КЪЭБЭРДЕЙ-ШЭРДЖЭС) ЛИТЕРАТУРЭ / АДЫГСКАЯ (КАБАРДИНО-ЧЕРКЕССКАЯ) ЛИТЕРАТУРА
Адыгэ литературэр ХIХ лIэщIыгъуэм – ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм /
Адыгская литература ХIХ – начала ХХ века
Хэзыгъэгъуазэ. Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэр курс щхьэхуэу еджапIэ нэхъыщхьэхэм зэрыщаджыр, абы и мыхьэнэр, и мурад нэхъыщхьэр.
Литературэмрэ лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ.
Художественнэ литературэмрэ гъуазджэмрэ (искусствэмрэ).
Адыгэ литературэр къызэрежьар, абы хэкIыпIэ хуэхъуа щхьэусыгъуэхэр. Лъэпкъ литературэм и къуэпсхэм зыщадз лъахэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ.
Къэбэрдей-шэрджэс литературэм и тхыдэм и лъэхъэнэ нэхъыщхьэхэр: адыгэ литературэр ХIХ лIэщIыгъуэм – ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм (тхыбзэпэ усыгъэр, усакIуэ-джэгуакIуэхэр; тхыбзэ литературэм и щIэдзапIэм, япэ адыгэ тхакIуэхэр; адыгэ узэщIакIуэхэр); къэбэрдей-шэрджэс литературэр ХХ лIэщIыгъуэм – ХХI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм (къэбэрдей-шэрджэс литературэр ХХ лIэщIыгъуэм и 20–50 гъэхэм; лъэпкъ литературэр 60–80 гъэхэм; литературэр 90 – ХХI лIэщIыгъуэм и япэ илъэсипщIым).
Литературэр социальнэ къэхъугъэу зэрыщытыр: абы игъэзащIэ къалэнхэмрэ цIыхубэм и гъащIэм зэрыпыщIамрэ.
Къэбэрдей-шэрджэс литературэмрэ Урысей Федерацэм и лъэпкъыбэ литературэмрэ: зэщхьу яхэлъымрэ зэрызэщхьэщыкIымрэ. Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэхэр: я ехъулIэныгъэхэмрэ къапэщыт къалэнхэмрэ. Лъэпкъ литературэхэм я зэпыщIэныгъэхэр: тэрмэш лэжьыгъэр, абы пыщIа гугъуехьхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ.
Адыгэ литературэм и ехъулIэныгъэхэмрэ къыпэщыт къалэнхэмрэ.
Тхыбзэпэ лъэпкъ литературэ. Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэр къэунэхуным щхьэусыгъуэ хуэхъуа тхыдэ-щэнхабзэ Iуэхугъуэхэр. Лъэпкъ литературэм и псыпэр ежьэным IуэрыIуатэр лъабжьэ зэрыхуэхъуар, а Iуэхум урыс классикэ литературэмрэ къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я художественнэ щэнхабзэ къулеймрэ зэрыхэлIыфIыхьар.
IуэрыIуатэмрэ автор зиIэ усыгъэмрэ. Адыгэ усакIуэ-джэгуакIуэхэм я усыгъэхэр IуэрыIуатэ усыгъэм къыхэзыгъэщхьэхукI нэщэнэхэр. Литературэр къежьэнымкIэ, зиузэщIынымкIэ абыхэм яIэ мыхьэнэр.
Автор (жьабзэ) усыгъэр тхыбзэ литературэм зэрыхуэкIуар. Лъэпкъ тхыбзэм и тхыдэр: япэ алыфбейхэмрэ ахэр зэхэзылъхьахэмрэ. Щхьэзакъуэ алфбейхэмкIэ ( ХьэтIохъущокъуэ Къ., Дым I., ПащIэ Б., нэгъуэщIхэри) тхауэ къэна (художественнэ) тхыгъэхэр, ахэр иджырей лъэпкъ алфбеймкIэ тхыжыным (транслитерацэ) елэжьахэр, абы и мыхьэнэр.
Адыгэ литературэр къэунэхунымрэ зэтеувэнымрэ, IуэрыIуатэм къыдэкIуэу, хэкIыпIэ хуэхъуа щэнхабзэ унэтIыныгъэхэр. Япэ адыгэ узэщIакIуэхэр: лъэпкъыр щIэныгъэм и гъуэгум тешэным, тхыбзэрэ литературэрэ къахузэгъэпэщыным ехьэлIауэ абыхэм зэфIагъэкIа лэжьыгъэшхуэр.
УсакIуэ-джэгуакIуэхэр. Таукъуэ Лъэпщыкъу. ДжэгуакIуэм теухуа псалъэ. Тхыдэ къэхъугъэхэмрэ IуэрыIуатэмрэ. «Къэбэрдей жэщтеуэм и уэрэд». Уэрэдым и тхыдэр, и зэхэлъыкIэр, и бзэр.
Абазэ Къамбот. ДжэгуакIуэм теухуа псалъэ. ЩIагъыбзэ зыщIэлъ, ауан уэрэдхэмрэ усэхэмрэ. Абазэ Къ. и «Пхъэм и дауэр», «Дзыгъуэжьищым я пшыналъэ», «Къамбот и тхьэусыхэ», «Бызыгыжьым и усэ», «Къамбот и мэкъуауэгъухэр ауан ещI» усэхэр.
Агънокъуэ Лашэ. ДжэгуакIуэм теухуа псалъэ. IуэрыIуатэмрэ автор усыгъэмрэ. и усэхэр адрей усакIуэхэм я усыгъэхэм къазэрыщхьэщыкIыр. УсакIуэм и образ къэгъэщIыкIэр, и усэ гъэпсыкIэр, и бзэр.
и усэ нэхъыфIхэр: «Шэрэдж», «КIэзонэжь», «Ди нысэ фо», «Агънокъуэм цIыхубзхэм яхужиIар», «Агънокъуэм лIэныгъэм хужиIэгъар», «Агънокъуэм нэпсым хужиIар», «Агънокъуэр Урыху зэрыхуэусар», «Агънокъуэр кхъужьеижьым зэрыхуэусар», «Дунейр шэрхъщи мэкIэрахъуэ», «Агънокъуэм гъащIэм хужиIар», ахэр лъэпкъ щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэшхуэу зэрыщытыр. Агънокъуэ Лашэ и псалъэгъэпсахэр.
ЦIыхубэ усакIуэ-джэгуакIуэшхуэм и творчествэр зэхуэхьэсыжыным, джыным, къыдэгъэкIыным елэжьа щIэныгъэлIхэр.
Мэсей Исуп. ДжэгуакIуэм теухуа псалъэ. Гъыбзэмрэ цIыхубэ уэрэдымрэ: «Къущхьэ Жамботрэ Екъубрэ я тхьэусыхэр» зыхыхьэ жанрыр. Гъыбзэр зытеухуа Iуэхугъуэхэр къыщыхъуа лъэхъэнэр. Лей зезыхьэм къызэрыщIэмыкIуэнур абы и гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, ар уи фIэщ зыщI образхэмрэ теплъэгъуэхэмрэ.
Мыжей Сэхьид. ДжэгуакIуэм теухуа псалъэ. Мыжей Сэхьид и уэрэдхэмрэ («Уэдобнэ джабэ», «Нысашэ уэрэд») и усэхэмрэ («Ди анэжь», «Ди Iэнэжь», «Гъурагужь», «Къурмэн», «Сэхьид и къеблагъэ жыIэкIэ», «Дыщэхъан», «Анэшхуэр мэбзэрабзэ», «Молэм и уаз», «Лашын», «Аргъуей», «Сэхьид и гушыIэ»). и усэ гъэпсыкIэр: IуэрыIуатэм и Iэмалхэр авторым къызэригъэсэбэпыр щIыкIэр. УсакIуэм и усэбзэр, авторыгъэ зыхэлъ усыгъэм ар зэрыпэгъунэгъур.
Сыжажэ Къылъшыкъуэ. ДжэгуакIуэм теухуа псалъэ. Сыжажэм и уэрэдхэр («ЦIыкIуэ къуий и уэрэд», «Куп Сурэт и тхьэусыхэ», «Астемырыкъуэм и уэрэд»). Усэхэр («Хуэмгъуэт и хъуэн», «Ашэбейм я хъуэн», «Нэф къэзыгъэщIри нэфщ», «IэщIагъэ дахэ», «Тхьэусыхафэ», «Пхъум и хъуэхъу», «Ажэм игъэщтахэм я хъуэн», «Джэдым и хъуэхъу», «Къылъшыкъуэ хьэжрэтым зэрелъэIуар», «Гыбзэ»).
Иужьрей лъэпкъ усакIуэ-джэгуакIуэхэмрэ профессионал гъуазджэмрэ. Адыгэ усэ гъэпсыкIэмрэ Сыжажэм и усэ ухуэкIэмрэ: И гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр усакIуэм и усэхэм къыщигъэлъэгъуэжу зэрыщытар.
УсакIуэхэр. Уэкъуо. УсакIуэм теухуа псалъэ. «Уэкъуо и усэ» усэр зытеухуар, и гъэпсыкIэр.
Выкхъэ Шухьиб. УсакIуэм теухуа псалъэ. «КIэтIырэ», «ПащIэрывэ», «Ещрокъуэ и хъуэн» уэрэдхэр, жанркIэ ахэр зыщыщыр.
ПащIэ Бэчмырзэ. УсакIуэм теухуа псалъэ. ПащIэ Бэчмырзэрэ лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ. Адыгэ литературэр зэфIэувэнымкIэ усакIуэм и творчествэм иIа мыхьэнэр. УсакIуэмрэ жылагъуэмрэ, усакIуэмрэ динымрэ, усакIуэмрэ щIыуэпсымрэ. ПащIэ Б. лъэпкъ литературэм и тхыдэм зэрыхэувэр.
ПащIэ Б. и уэрэдхэр («Бэчмырзэ и тхьэусыхэ», «Пщыбий КIуш и гъыбзэ», «ПIаз Темыркъан и фэеплъ уэрэд», «Дыгъур КIаш и тхьэусыхэ», «Уэзы Мурат»). Ахэр зытеухуамрэ жанркIэ зыхыхьэхэмрэ.
ПащIэ Б. и усэхэр («Истамбыл», «ЩIы», «Мы дунеижьыр», «Жьапщэ мыгъуэ», «ЦIыхур щIалэхукIэ», «Бэчмырзэ и усэ», «Дуней», «Джэдым и усэ», «Жыгыр къэгъагъэмэ, дыщогуфIыкI», «Дзэлыкъуэ», «Къэбэрдей», «Мухьэжырхэр»). Абы и творчествэм и къыхэкIыпIэхэр: усакIуэмрэ IуэрыIуатэмрэ, усакIуэмрэ къуэкIыпIэ лъэпкъ поэзиемрэ. ПащIэ Б. и жьэрыIуатэ усэхэмрэ тхыгъэ усэхэмрэ: зэщхьыныгъэу, зэщхьэщыкIыныгъэу хэлъхэр; адыгэ жьэрыIуатэ усыгъэм и хабзэхэмрэ къуэкIыпIэ поэзием и хабзэхэмрэ усакIуэм зэрызэригъэзэгъар.
«Алыхьым и фIыщIэ» поэмэ кIэщIыр. Ар зытеухуамрэ щIэлъ философие гупсысэмрэ.
ПащIэ Б. и усэ-жыIэгъуэхэр, цIыхубэм и Iущыгъэм и щапхъэу ахэр зэрыщытыр.
ХьэхъупащIэ Амырхъан. УсакIуэм теухуауэ псалъэ. «Мывэм нэхърэ нэхъ хьэлъэ», «Жэщ къэрэгъулым и усэ», «Джэгу уэрэд», «Аргъуейм и усэ», «IэщIагъэ» усэхэр. Ахэр зытеухуамрэ къаIуатэ гупсысэхэмрэ.
ХьэхъупащIэ А. и усэкIэм хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэр. «Адыгэ усакIуэ-джэгуакIуэхэм я лIэужьщ» жыуигъэIэу, ХьэхъупащIэ А. и творчествэм хэлъ нэщэнэхэр, ауэ япэ итахэм къащхьэщыкIыу лъэпкъ прозэми абы хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIар.
Тхыбзэ литературэм и къежьапIэм. Лъэпкъ тхыбзэ литературэм и щIэдзапIэр. Адыгэ узэщIыныгъэ лэжьыгъэр: абы и лъэхъэнэхэмрэ узэщIакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэмрэ. Адыгэбзэм хузэхалъхьа япэ алыфбейхэр, абыхэмкIэ тхауэ къэна тхыгъэхэр. Адыгэ узэщIакIуэхэр зыхущIэкъуар, абыхэм я лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр. Адыгэ узэщIакIуэхэм я мурадхэр къащIемыхъулIам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэр. Лъэпкъ узэщIакIуэхэм я IуэхущIафэхэм теухуауэ щыIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ ахэр зи IэдакъэщIэкIхэмрэ. Ипэрей адыгэ литературэмрэ гъуазджэм и унэтIыныгъэхэмрэ.
АдыгэбзэкIэ тхэуэ щыта лъэпкъ узэщIакIуэхэр. Нэгумэ Шорэ. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. Нэгумэм тхыдэ щIэныгъэм, бзэщIэныгъэм, литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэр.
«Хъуэхъу» усэр, абы и тхыдэр, зытеухуар. Усэм и гъэпсыкIэм хэлъ IуэрыIуатэ щэнхэр, цезурэм абы щигъэзащIэ къалэныр.
Берсей Умар. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. Япэ дыдэу адыгэбзэкIэ дунейм къытехьа тхылъым «Шэрджэс алыфбейм» (1855) ит тхыдэжьхэр (таурыхъхэр). Адыгэ IуэрыIуатэмрэ къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я литературэмрэ къахихауэ тхылъым ихуахэр. зэдзэкIакIуэ IэкIуэлъакIуэу зэрыщытыр. Лъэпкъ литературэм щыяпэу абы зэридзэкIа къэжэр (перс) хъыбархэр. Адыгэ жьэрыIуатэбзэм абыхэм къыхахьа гупсысэхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ. Абыхэм яIэ гъэсэныгъэ мыхьэнэр.
ХьэтIохъущокъуэ Къазий. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. ХьэтIохъущокъуэ Къ. зэдзэкIакIуэу зэрыщытыр, Саади и «Гюлистан», и «Ашик-Кериб», и лэжьыгъэ зэридзэкIахэм я мыхьэнэр, адыгэбзэм и зэфIэкIхэр абыхэм наIуэ зэращIыр. ХьэтIохъущокъуэ Къ. лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ зыуэ зэрыщытым зэридзэкIа художественнэ тхыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэр. Романтизмэм и жыпхъэм ит «Хъарзынэ» рассказыр: зытеухуар, къыщиIуатэ гупсысэр. ХьэтIохъущокъуэ Къ. и «Хъарзынэ» рассказымрэ Къаз-Джэрий и «Къэжэр гушыIэ» рассказымрэ зэщхьыныгъэу яхэлъхэр, къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм зэрыпыщIар. «Къэбэрдей алыфбей» (1965) тхылъым ит псысэхэм узэщIыныгъэ къару яхэлъыр. IуэрыIуатэм къыхиха хъыбархэмрэ езы узэщIакIуэм итхыжахэмрэ («Бадзэ», «Пщы щIалэ», «Джэдыгу зыщыгъ къущхьэ», н. гъуэщIхэри). Адыгэ тхыбзэм и тхыдэм ХьэтIохъущокъуэм и тхылъым щиубыд увыпIэр.
Тамбий Пагуэ. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. «Къэбэрдей азбукэ» (1906) тхылъым ит таурыхъхэр, лъэпкъ литературэм и тхыдэм дежкIэ абыхэм яIэ мыхьэнэр.
Куп Исмэхьил-хьэжы. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. «Адыгэ жьыуэ» усэр. Лъэпкъыр узэщIынымкIэ, щIэныгъэм къыхэшэнымкIэ абы иIэ мыхьэнэр.
ШэкIыхьэщIэ Пщыкъан. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. ЛэжьакIуэ цIыхур гъэлъэпIэныр, абы и щхьэхуитыныгъэмрэ и хуитыныгъэхэмрэ къащхьэщыжыныр ШэкIыхьэщIэ П. и тхыгъэхэм я гупсысэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр. «Къуажэ молэжьхэм я уэрэд» усэр зытеухуар, езыр диным зэрыхущытыр абы къызэрыхэщыр. «Бэджрэ бадзэрэ» усэр. Басням и щэну усэм хэплъагъуэр. ШэкIыхьэщIэм и усэхэм къыщигъэсэбэп тропхэр, абыхэм ягъэзащIэ къалэнхэр. Силлабо-тоникэ усэ гъэпсыкIэм и Iэмалхэр япэу къэзыгъэсэбэпа адыгэ усакIуэхэм ар зэращыщыр.
УрысыбзэкIэ тхэуэ щыта узэщIакIуэхэр. Къаз-Джэрий СулътIан. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. «ХьэжытIэгъуей ауз» гъуэгуанэ очеркыр. Тхыгъэр дунейм къыщытехьар, къызытехуа журналыр. , сымэ Къаз-джэрий и IэдакъэщIэкIым хужаIа псалъэхэр. Тхыгъэм и лирикэ лIыхъужьымрэ лъэпкъым и къэкIуэнумрэ. Романтизмэм и жыпхъэхэм иту тхыгъэр зэрытхар, абы и художественнэ гъэпсыкIэр, и бзэм и къулеягъыр.
Хъан-Джэрий СулътIан. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. Романтизмэм и хабзэхэр лъэпкъ литературэм зэрыщызэфIэувар (Абы и щапхъэхэр адыгэбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ тхэуэ щытахэм я тхыгъэхэм къахэгъуэтэн, зэгъэпщэн), абы и щэнхэмрэ и лъэпкъ плъыфэхэмрэ. «Шэрджэс хъыбархэр» повестыр. «Русский вестник» журналым ар къызэрытрадзэгъар. IуэрыIуатэм къыхиха хъыбарым и фабулэр повестым лъабжьэ зэрыхуэхъуар. ТхакIуэм къигъэсэбэпа художественнэ Iэмалхэр. Абыхэм я фIыгъэкIэ хъыбарым щIэлъ гупсысэм тхакIуэм иригъэгъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр. Щхьэзакъуэ насыпым хущIэкъуныр цIыхубэ, хэкупсо бэнэныгъэм тхакIуэм зэрыхуишэр. Романтизмэм и щэнхэр здэплъагъу образхэр (Жамбулэт, Гуащэ сымэ). Повестым и бзэр, тхакIуэм и псалъэуха ухуэкIэ гъэщIэгъуэныр.
КIашэ Адэлджэрий. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. Реализмэм и гъуэгум япэу техьа адыгэ тхакIуэм и художественнэ тхыгъэ нэхъыфIхэр: «Абрэджхэр» повестыр, «Жиным и гъэсэн», «Пыпхэ», «МазитIкIэ къуажэм» рассказхэр, нэгъуэщIхэри. КIашэ А. бгырысхэм я гъащIэм фIыуэ щыгъуазэу зэрыщытар. Абы къыхиха теплъэгъуэхэмрэ езым и нэгу щIэкIахэмрэ и художественнэ тхыгъэхэм лъабжьэ зэрахуищIар. ТхакIуэм япэу адыгэ бзылъхугъэм и образ зэпэщхэр литературэм зэрыхихьар. КIашэ А. Ку. и публицистикэр. «Iуащхьэ щыгум» очеркыр. КIашэм и публицистикэ лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр.
Ахъмэтыкъуэ Къазбэч (Хьэжылъашэ Мухьэмэд-Бэч). И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. ТхакIуэм и рассказхэр («Азэн джапIэм и щэху», «Жэнэт пщащэ», «ЩIыхьым папщIэ», «Гъуэгу зэхэкIыпIэ», «Пэжым и лъыхъуакIуэ», «Патриоткэ», нэгъуэщIхэри) зытеухуахэмрэ къаIуатэ гупсысэхэмрэ.
«Къалэн хьэлъэ» драмэр. Бгырысхэм къадекIуэкIыу щыта лъыщIэж хабзэмрэ драмэм и сюжетымрэ. Пьесэм и ухуэкIэр, зы Iуэхугъуэ шэщIам нэхъ пасэу къэхъуа Iуэхугъуэ зыбжанэ тхакIуэм зэрыхиухуанэр. Хьэжмырзэрэ Уэсмэнрэ я образхэр, абыхэм ягъуэт зыужьыныгъэр. Реализмэм и хабзэхэм тету адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я псэукIар пьесэм къызэрыщыгъэлъэгъуэжар, абы и щапхъэхэр.
Ахъмэтыкъуэ Къ. и гъуэгуанэ тхыгъэхэмрэ очеркхэмрэ («Континент фIыцIэм», «Тыркум теухуа очеркхэр», «Иджырей Тыркур», «Зэман хьэлъэхэр», «Бгыхэм я хъуэпсапIэр», нэгъуэщIхэри).
ХIХ лIэщIыгъуэм – ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм псэуа лъэпкъ усакIуэ-джэгуакIуэхэмрэ узэщIакIуэхэмрэ я лэжьыгъэм иIа мыхьэнэр. ХIХ лIэщIыгъуэм – ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм адыгэ литературэм иIа щытыкIэр. Ар къэунэхуныр зэрекIуэкIар, лъэпкъ тхакIуэ-узэщIакIуэхэм я тхыгъэхэр дунейм къызэрытехьа, хъума зэрыхъуа щIыкIэхэр. Алыфбей зэхуэмыдэхэмкIэ тхауэ щыIэ художественнэ текстхэр зэхуэхьэсыжыным, джыжыным, иджырей адыгэ алыфбеймкIэ къыдэгъэкIыжыным елэжьа щIэныгъэлIхэр, абыхэм я фIыщIэр.
Лъэпкъ щэнхабзэм, абы щыщу литературэм и тхыдэм усакIуэ-джэгуакIуэхэмрэ узэщIакIуэхэмрэ щаубыд увыпIэр. Хэкурыс адыгэ щIэныгъэлIхэмрэ хэхэс адыгэхэмрэ яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэр. ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Къэбэрдейм, Тыркум, Сирием адыгэбзэкIэ къыщыдэкIыу щыта газетхэмрэ журналхэмрэ. Литературэм зиужьынымкIэ абыхэм ягъэзэщIа къалэнхэр.
Иджырей адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэм и япэ лъэбакъуэхэр. ХХ лIэщIыгъэуэм и япэ илъэсипщIитIым Урысей империемрэ Къэбэрдеймрэ къыщыхъуа тхыдэ, цIыхубэ-политикэ зэхъуэкIыныгъэхэр. цIыхухэр егъэджэным, пэщIэдзэ еджапIэхэр къызэIухыным теухуауэ лъахэм щекIуэкIа лэжьыгъэхэр. Капитализмэм и хабзэхэр, абы къигъэщI зэхущытыкIэщIэхэр адыгэхэм я дежи къызэрысар: Урыс-япон зауэр, Япэ дунейпсо зауэр, Дзэлыкъуэ зыкъыIэтыныгъэр, нэгъуэщIхэри. Лъэпкъ тхакIуэ-усакIуэхэр (псалъэм папщIэ, ПащIэ Бэчмырзэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, ЩоджнцIыкIу Алий, Къылышбий Исмэхьил, Фэнзий Мэжид, нэгъуэщIхэри) а тхыдэ Iуэхугъуэшхуэхэм зэрахущытар.
Хэхэс адыгэхэм я макъ («Гъуазэ» газетымкIэ) хэкурыс адыгэхэм я деж къэIус зэрыхъуар. Я лъэпкъэгъухэр щIэныгъэм и гъуэгум трашэн мурадкIэ Тыркум щыIэ адыгэ цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр Хэкужьым къагъэкIуэжу зэрыхуежьар ( НэгъущI С., нэгъуэщIхэри). Бытырбыху, Москва, Киев, Истамбыл, Каир, Краков, нэгъуэщI къалэшхуэхэм щеджауэ къэзыгъэзэжа адыгэ интеллигенцэр. Лъэпкъыр зэрыкIуэну гъуэгур къыхэхыным ехьэлIауэ абыхэм яIа Iуэху еплъыкIэхэр, ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр.
Бахъсэн узэщIакIуэхэр. Лъэпкъ щIэныгъэм и къежьапIэ, и купсэ Бахъсэн зэрыхъуар, абы и щхьэусыгъуэхэр. «Цагъуэ Нурий и университетыр», лъэпкъ еджакIуэхэр гъэхьэзырынымкIэ абы иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр.
«Адыгэ макъ» газетыр адыгэбзэкIэ къыдэкIыу зэрыщIидзар. Литературэмрэ тхылъеджэмрэ зэлъэIэсу, зэрыубыду зэрыхуежьар, лъэпкъ щIэныгъэмрэ литературэмрэ зиужьынымкIэ абы иIа мыхьэнэр. Газетымрэ лъэпкъ IуэрыIуатэмрэ, абы япэу къытрадза хъыбархэмрэ пшыналъэхэмрэ: «Пщы Бадынокъуэ» (1917, №4), «Нарт Сосрыкъуэ и пшыналъэ» (1918, №2), «Наринэрэ Ридадэрэ» (1918, №2), «Псалъэжьхэр» (1918, №39), нэгъуэщIхэри. Адыгэхэм я зэхэщIыкIым зиужьыным «Гъуазэ» (Истамбыл), «Адыгэ макъ» (Бахъсэн) газетхэм хуащIа хэлъхьэныгъэр. Бахъсэн щIэныгъэ купсэм (центрым) и къызэгъэпэщакIуэхэр.
Дым Iэдэм. и гъащIэмрэ и щIэныгъэ, литературэ лэжьыгъэхэмрэ. Дым I. и «Псалъэ пэжхэр», усэхэу «ЩэныфIэ цIыкIум жиIар», «Нажьмэ». Прозэу тха тхыгъэхэр.
«Щэнгъасэ» тхылъыр (1918). Тхыгъэр зыхуэгъэзар, ар зэрызэхэт эссе, рассказ кIэщIхэм я сюжетым лъабжьэ хуэхъуар. Дин щIэныгъэмрэ Дым I. и Iуэху еплъыкIэхэмрэ. ЩIэблэр гъэсэным, щIэныгъэм и IэфIыр зыхегъэщIэным теухуауэ «Щэнгъасэ» тхылъым иIэ мыхьэнэр.
Цагъуэ Нурий. И гъащIэмрэ и щIэныгъэ, литературэ лэжьыгъэхэмрэ. и публицистикэр, лъэпкъ тхыдэм теухуа и тхыгъэхэр, итхыжа таурыхъхэр. Цагъуэмрэ «Гъуазэ» газетымрэ. Хэкур зыбгынэу Тыркум Iэпхъуэ адыгэхэм яхуэгъэзауэ 1911–1914 гъэхэм публицистым итха тхыгъэхэр. «Хьэишэт гуащэм и щытхъу» (1917), «Муслъымэн тхыдэ» (1918), «Адыгэ тхыдэ» (1918) тхылъхэр. Дин щIэныгъэмрэ Цагъуэм и дуней еплъыкIэхэмрэ.
Лъэпкъыр зэреджэну тхылъхэр гъэхьэзырыным («Тхыбзэ» букварыр), IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, къытедзэным я IуэхукIэ зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр. Иджырей адыгэ литературэм (языныкъуэхэм зэрыжаIэу «адыгэ литературэщIэм») и къежьапIэу Бахъсэн щэнхабзэ купсэр къыщIалъытэр, абы и щхьэусыгъуэхэр.
ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм псэуа адыгэ тхакIуэхэр. ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм лъэпкъ щэнхабзэр щытыкIэ гугъум зэритар. Апхуэдэу щытми, адыгэхэм я зэхэщIыкIым зэрыхэхъуар, щIэблэр егъэджэным и Iуэхур мащIэкIэми зэрыкIуэтар. А лъэхъэнэм адыгэбзэкIэ ятхауэ къэна художественнэ тхыгъэхэр, ахэр зи IэдакъэщIэкIхэр. Тхыгъэхэр зытеухуар, я художественнэ гъэпсыкIэр.
Гуапэ Зулкъарнин и «Хъуэхъу» усэр; КIурашын Мухьэмэд и «Ущие усэ», «Уэ си къуэшу муслъымэнхэ» усэхэр; ЩэрэлIокъуэ Талъостэн. ТхакIуэм и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэхэмрэ. ЩэрэлIокъуэ Т. итхыжа таурыхъхэр, и усэхэр («Гъатхэпэ», «ЦIыхур», «Шэрэдж ауз», «Мазэ», «Гугъэ», «Кавказ дахэ»). ЩэрэлIокъуэм и драмэ лэжьыгъэхэр: «Къэзанокъуэ Жэбагъы», «Кушыкурэ абы и къэшэнымрэ». Пьесэхэр зытеухуар, лъэпкъ драматургием и япэ лъэбакъуэу ахэр зэрыщытыр. Пьесэхэм яхэлъ фIагъымрэ драматургым къемыхъулIахэмрэ.
Лъэпкъ усыгъэр зэрыкIуэну гъуэгур зыубзыхуахэр: Къылышбий Исмэхьил; ЩоджэнцIыкIу Алий.
и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэхэмрэ. «Iуэдыщэ» усэр. Лъэпкъым и блэкIамрэ и нобэмрэ я сурэту усэр зэрыщытыр, усакIуэр адыгэм и тхыдэм зэрыхущытыр, къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр (зэгъэпщэныгъэр, антитезэр, н.).
«Iуэдыщэ» усэм и тхыдэр, ар лъэпкъ поэзием и хэлъхьэныгъэ щхьэпэу зэрыщытыр.
ЩоджэнцIыкIу А. и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэхэмрэ. УсакIуэ ныбжьыщIэм и япэ усэхэр: «Тырку хадэм», «Жынгызмэ я нып фIыцIэжьыр», «Нанэ». Лъэпкъым и нобэрей махуэм усакIуэр зэригъэпIейтейр, абы и къэкIуэнум зэрыщыгугъыр. Адыгэм гъуазэу иIэпхъэу усакIуэм къилъытэхэр. Романтизмэм и жьауэм щIэту тха усэхэм тхылъеджэр зыхураджэр, зыщIагъэхъуэпсыр. Анэмрэ лъахэмрэ усакIуэм яхуиIэ гурыщIэр, ар къызэриIуатэ литературэ Iэмалхэр. ЩIагъыбзэр усакIуэ ныбжьыщIэм къызэригъэсэбэпыр, ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм а Iэмалым тырку, хьэрып усакIуэхэр хуекIуэу зэрыщытар. ЩоджэнцIыкIум и япэ усэхэр лъэпкъ лирикэм и къежьапIэу къызэрылъытапхъэр, абыкIэ тегъэщIапIэ щIыпхъэхэр.
* * *
Адыгэ литературэр къэунэхуным сэбэп хуэхъуа тхыдэ-щэнхабзэ Iуэхугъуэхэр. И гуащIэр къызэхих къигъэхъуапIэ нэхъыщхьэу лъэпкъ IуэрыIуатэр щытми, адыгэ литературэр зэфIэувэным нэхъ зызыужьа лъэпкъхэм я щэнхабзэр зэрыхэлIыфIыхьар. ПIалъэ кIыхькIэ зэлъэIэсу, зэрыгъэбатэу щыт лъагъуитIым адыгэ литературэр зэрырикIуар (лъэпкъым хузэхалъхьа тхыбзэхэмкIэ тхэуэ щытахэмрэ усакIуэ-джэгуакIуэхэмрэ зы гупу, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ художественнэ тхыгъэхэр къэзыгъэщIу щытахэр абыхэм къабгъурыту).
Адыгэ литературэмрэ тхылъеджэмрэ зэрыубыдауэ, литературэм и фащэ, нэщэнэ псори игъуэтауэ щIэныгъэлIхэм къыщалъытэ лъэхъэнэр, апхуэдэу жозыгъэIэ щхьэусыгъуэхэр.
Къэбэрдей-шэрджэс литературэр ХХ лIэщIыгъуэм и
20–50 гъэхэм
Хэзыгъэгъуазэ. ХХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм ирихьэлIэу къэралым щыIа цIыхубэ-политикэ щытыкIэр, хэкум и тхыдэмрэ и щэнхабзэмрэ къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр. ЦIыхубэмрэ Октябрь революцэмрэ. ЦIыхубэмрэ Граждан зауэмрэ. Адыгэхэм лъэпкъ-щIыналъэ автономиехэр зэрагъуэтар. Ахэр щIыналъэ щхьэхуэурэ гуэша зэрыхъуар, абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэр, кърикIуахэр.
Гъуазджэм и унэтIыныгъэщIэхэр, реализмэм и лIэужьыгъуэщIэр зэфIэувэныр зэрекIуэкIар. А лъэхъэнэм литературэм щекIуэкIа къэлъыхъуэныгъэщIэхэр, утыку къихьа гупсысэщIэхэмрэ Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ: футуристхэр, имажинистхэр, нэгъуэщIхэри. Пролеткульт, «КIыщ», «Серапион зэкъуэшхэр», «ЩхьэдэхыпIэ» зэгухьэныгъэхэр: я мыхьэнэр, щыуагъэхэмрэ щыщIэныгъэхэмрэ. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэхэм къызэранэкIа гугъуехьхэр, тхакIуэхэр зытета гъуэгукIэ, я гупсысэкIэкIэ гуэшыным къиша ныкъусаныгъэхэр.
20 гъэхэм адыгэ щIыналъэхэм къыщыдэкIыу щыта газетхэр. ЦIыхубэр зэреджэ «Iэмэпсымэ» ахэр зэрыхъуар. ЕджакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэхэр къызэрызэIуахар: Лениным и цIэр зезыхьэ еджапIэ къалэ цIыкIур (1924), педрабфакыр (1931), пединститутыр (1932). ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым (1926), къэрал тхылъ тедзапIэм (1928) лэжьэн зэрыщIадзар. ТхакIуэхэмрэ тхылъеджэхэмрэ я зэпыщIэныгъэм абыхэм зэрызэрагъэубгъуар.
Адыгэ литературэр ХХ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм. Лъэхъэнэм и нэщэнэхэр. Литературэм ехьэлIауэ къыдэкIа къэрал унафэхэр («Художественнэ литературэм теухуауэ партым и политикэм и IуэхукIэ» РКП (б)-м и ЦК-м и унафэр (1925), нэгъуэщIхэри). Лъэпкъым и блэкIамрэ революцэм иужькIэ къэунэхуа псэукIэмрэ зэгъэпщэныр. Октябрь революцэмрэ Граждан зауэмрэ теухуа IуэрыIуатэр.
20 гъэхэм къэралым щыIа литературэ гупхэмрэ гъуазджэм и унэтIыныгъэхэмрэ яжь адыгэ тхакIуэхэм къазэрыщIихуар. Iуэху еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм къагъэщIа гупсысэщIэхэр, зэныкъуэкъухэр ( Борыкъуей ТI., н.). Адыгэм къыдекIуэкI хабзэ-нэмысыр, цIыхубэ зэхэтыкIэр «псэукIэщIэм» къигъэщIахэм егъэзэгъыныр лъэпкъ литературэм зэрыщекIуэкIар. Адыгэ тхакIуэ нэхъыжьхэр: ПащIэ Б., ШэкIыхьэщIэ П., ХьэхъупащIэ А., ЩэрэлIокъуэ Т., КIэрашэ Т., Абыкъу Хъ., Борыкъуей ТI., нэгъуэщIхэри. Абыхэм я творчествэм и художественнэ къыщхьэщыкIыныгъэр, ар иджыри быдэу IуэрыIуатэм зэрыпыщIар.
Лъэпкъ литературэмрэ публицистикэмрэ. Адыгэхэм я псэукIэм, я бзэмрэ литературэмрэ теухуауэ Елбэд Хь., ЩоджэнцIыкIу А., Борыкъуей ТI., ЩакIуэ Т., Къэшэж ТI., сымэ «Красная Кабарда», «Къэрэхьэлъкъ», «Ленин гъуэгу» газетхэм къытрагъэдза тхыгъэхэр, абыхэм ягъэзэщIа къалэныр.
ТхыбзэщIэ литературэм усыгъэм нэхъ псынщIэу зэрызыщиужьар, абы и щхьэусыгъуэхэр. УсакIуэхэр. ШэджыхьэщIэ П., Борыкъуей ТI., КIыщокъуэ П., ЩакIуэ Т., ЩэрэлIокъуэ Т., ХьэхъупащIэ А., сымэ я усэхэм, уэрэдхэм я тематикэр, усакIуэхэм я Iуэху еплъыкIэхэр, лъэхъэнэм и лIыхъужьхэр зэрагъэлъапIэр. Лъэпкъым и блэкIамрэ псэукIэщIэмрэ зэгъэпщэныр, зэманым емызэгъыжу къалъытэ хабзэ-зэхэтыкIэхэм ебэныныр я творчествэм мотив нэхъыщхьэ зэрыщыхъур. Адыгэ усэ гъэпсыкIэм игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр.
ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ и жылагъуэ, литературэ лэжьыгъэхэмрэ. ПащIэ Бэчмырзэрэ пасэрей адыгэ усыгъэм и поэтикэмрэ. УсакIуэм и творчествэм и лъэхъэнэхэр. Жьабзэ усыгъэр жьабзэрэ тхыбзэу зэпэщыным, тхыбзэ творчествэр къэунэхуным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа лъэпкъ узэщIакIуэ-щIэныгъэлIхэр ( Хъуан- ХьэтIохъущокъуэ Къ., Дым I., нэгъуэщIхэри). ПащIэ Б. адыгэ усыгъэр тхыгъэ хабзэм и гъуэгум зэрытришар, абы лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ иIа мыхьэнэр.
20 гъэхэм адыгэхэм я псэукIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм ПащIэ Б. зэрахущытыр («Къэтхъан Назир», «Хуит дыхъуащ», «Бахъсэн», «МэзкуукIэ зэджэр къэралыгъуэжьти…», «Дунеижьыр Iейщи, къызэтокъутэ…», «Дуней ухуэныр щIэныгъэ Iуэхущ», «ЩIэныгъэр лъэпкъ гъэщIэращIэщ», «ИжькIэрэ ди псэукIахэр», «КIэнауэ», н.). Совет властым къыдэунэхуа псэукIэщIэм – фабрикэхэмрэ заводхэмрэ къызэIухыным, цIыхухэр егъэджэным, ахэр зэдзейуэ зэгуэгъэхьэным, зэдэгъэлэжьэным – усакIуэр зэрыхуэусар. Ауэ къэрал унафэщIхэм я IуэхущIафэхэм хилъагъуэ мыхъумыщIагъэхэри иубзыщIу зэрыщымытар. ПащIэ Б. и творчествэм къызэщIиубыдэ жанрхэмрэ жанр лIэужьыгъуэхэмрэ:
Уэрэдхэр. Ахэр пасэрей усакIуэ-джэгуакIуэхэм я уэрэд усыкIэ хабзэм тету зэрыгъэпсар («Дзыгъур КIаш», «Алихъан и гъыбзэ», «Уэзы Мурат», н.);
Лиризм щабэкIэ гъэпса гухэлъ усэхэр («Хъуэпсэн», «Дуней», «ЛIэныгъэ», «Зэманыр псынщIэу йокIуэкI», «ЩIы», «ГъащIэм и уасэр зыщIэр», «Гугъэ», «Джэд», «Ижьым щыгъуазэрэ…», «Мы дунеижьу…», «Фызыжь», «Жьы хъуныгъэ», «Жьы хъуар гумахэщ», н);
КIуэрыкIуэм тету зэхилъхьа усэ едзыгъуэхэр (бейтхэр), абыхэм ящIэлъ философие гупсысэхэр, яIэ ущииныгъэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэр («Псалъэ пэжхэр» циклым хыхьэхэр);
Публицистикэрэ ауанрэ зыхэлъ усэхэр («Дунейр ухуэныр щIэныгъэ Iуэхущ», «Бахъсэн», «Iэщэр фузэд», «Псалъэрейр Iуэхуншэщ», «Пщы», «Дыгъу», «Iужажэ», «ЗыхуэмышыIэ», «Сэхусэплъ», «Гуащэ нысэ», «Молэ», н.).
Лъэпкъ литературэм и тхыдэм дежкIэ ПащIэ Б. М. и творчествэм и мыхьэнэр, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэр зэпищIэу абы хэлъ къарур.
ХьэхъупащIэ Амырхъан. И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. УсакIуэм и творчествэм лъэпкъ IуэрыIуатэр куууэ зэрыхэпщар. ХьэхъупащIэ А. и уэрэдхэмрэ гъыбзэхэмрэ («Дзадзунэ и уэрэд», «Яшам и тхьэусыхэ», «Мывэм нэхърэ нэхъ хьэлъэ», «Бохъшэ», «Аргъуейм и уэрэд», н.).
Тхыдэ-революцэ темэмрэ псэукIэщIэмрэ теухуа усэхэр («Серго Орджоникидзе», «Ворошиловым теухуа уэрэд», «УнащIэ Сахьид», «Барэсбий», н.).
Хэкур фIыуэ лъагъуным, абы и лIыхъужьхэр гъэлъэпIэным къыхуезыджэ усэхэр («Си Хэку дахэр», «ЛIыфI нэщэнэ», «Нобэм срогуфIэ», «Гъэм и зэманхэр», «Псоми закъебгъэщIэнум…», «Щхьэтепхъуэ», «Къардэн Къубатий», «Жэмборэ Щэуал», «Наурыз Мамышэ», «ГъущIынэ Гъузер», н.).
ХьэхъупащIэ А. и поэмэхэр («Си сабиигъуэр», «Тхыдэжь», «Къэзанокъуэ Жэбагъы», «Андемыркъан», «Къэбэрдей партизанхэр»).
ТхакIуэм и новеллэхэр («Къэрэмырзэ и фалъэ», «Щынэ хужь», «Анусэ», «Гъыбзэ», н.).
Къэбэрдей-шэрджэс литературэр 30 гъэхэм. Лъэхъэнэм и цIыхубэ-политикэ щытыкIэр. Къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ инхэм литературэр къыхэша зэрыхъуар. «Литературэ-художественнэ организацэхэр зэхъуэкIыным и IуэхукIэ» ВКП (б)-м и ЦК-м и унафэр (1932). Литературэ-критикэ къарухэр зэщIэгъэуIуэным, зэкъуэгъэувэным ехьэлIауэ къэралым щекIуэкIа лэжьыгъэхэр. Совет тхакIуэхэм я япэ съездыр (1934): литературэм къыдекIуэкI хабзэхэмрэ зэманым къигъэщIа Iуэху еплъыкIэщIэхэмрэ теухуа зэныкъуэкъухэр; литературэм зиужьыным зэран хуэхъуа Iуэхугъуэхэр; социалист реализмэм и хабзэхэр убзыхуныр; лъэпкъ литературэхэр унэтIыныр.
30 гъэхэм я пэщIэдзэхэм щIэныгъэншагъэр гъэкIуэдыным, тхыбзэщIэм техьа лъэпкъхэм я литературэхэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ екIуэкIа лэжьыгъэхэр, абыхэм пыщIауэ щыта гугъуехьхэр.
Политикэ залымыгъэхэр, абыхэм лажьэншэу хэкIуэда адыгэ тхакIуэхэр.
А лъэхъэнэм къыдэкIыу щыта газетхэр, литературэ альманаххэр. Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр, бзэр, литературэр джыным, егъэфIэкIуэным елэжьа еджагъэшхуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ, абыхэм я Iуэху еплъыкIэхэр ( Елбэд Хь., Борыкъуей ТI., ЩоджэнцIыкIу А., Абыкъу Хъ., ДыщэкI М., Теунэ Хь., н.).
Лъэпкъ прозэр. Адыгэхэм я псэукIэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэмрэ лъэпкъ литературэмрэ. Зэманым и лIыхъужьыщIэхэр. Лъэпкъ прозэм и жанрхэр, лIэужьыгъуэхэр. ЦIыхубэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ тхыдэ Iуэхугъуэхэмрэ гулъытэ лей адыгэ тхакIуэхэм хуащI зэрыхъуар. Тхыдэ-революцэ тематикэр лъабжьэ зыхуэхъуа япэ прозэ тхыгъэхэр (Абыкъу Хъ. «Инжыдж и Iуфэхэм»; ДыщэкI М. «Пшэплъ»; КIэрашэ Т. «Щамбул» («Гъуэгу насыпыфIэ»), «ЩIэдзапIэ», ЩоджэнцIыкIу А. «Кхъужьей щIагъым», «Ар зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым», н.). Лъэпкъ литературэм и тхыдэм дежкIэ абыхэм яIэ мыхьэнэр. Идеологие пыухыкIам хуэлэжьами, абыхэм лъэхъэнэ зэблэкIыгъуэм (20–30 гъэхэм) адыгэм и псэукIар, и дуней еплъыкIэр, зыгъэгуфIэ е зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, зэманым и плъыфэр, и лъапIэныгъэхэр къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. Лъэпкъ прозэм и япэ художественнэ тхыгъэхэм къахэхыпхъэ дерсхэр.
Абыкъу Хъалид. ТхакIуэм и гъащIэмрэ и публицистикэ, литературэ лэжьыгъэхэмрэ. «Инжыдж и Iуфэхэм» романыр: абы и тхыдэр, художественнэ-эстетикэ и лъэныкъуэкIэ игъэзащIэ къалэнхэр. Романым и зэхэлъыкIэкIи, и гъэпсыкIэкIи совет тхакIуэхэу А. Фадеевым («Зэхэкъутэныгъэ»), Д. Фурмановым («Чапаев»), Б. Лавреневым («Жьыбгъэ», «ПлIыщIрэ езанэ») я тхыгъэхэм зэрыпэджэжыр. Лъэхъэнэм и лIыхъужьыщIэхэмрэ романым узыщрихьэлIэ персонажхэмрэ. Романым хэт гурыхь образхэр (Хьэсэн, Бэчыр, Увжыкъуэ, Забыт, н.).
Жьымрэ щIэмрэ, емрэ фIымрэ я зэныкъуэкъур тхакIуэм зэрызэфIих художественнэ Iэмалхэр. Революцэм и цIэкIэ пыIэм щIыгъуу щхьэри къэзыхьыну хьэзыр «комиссар плъыжьым» и пIэкIэ гупсысэ, укIытэ, щIэпхъаджагъэ ищIам хущIегъуэж образ (Хьэсэн) адыгэ литературэм япэу тхакIуэм къызэрыхишар. Хьэсэн и образым зыужьыныгъэ щIимыгъуэтар, ар лъэпкъ прозэм щапхъэ щIыхуэмыхъуам и щхьэусыгъуэхэр. Романым и гъэпсыкIэр, и бзэр.
ДыщэкI Мухьэмэд. ТхакIуэм и гъащIэмрэ и публицистикэ, литературэ лэжьыгъэхэмрэ. «Пшэплъ» романыр. 20 гъэхэм жылагъуэм щытепщэу щыта парт къыхуеджэныгъэхэм я Iэужьу романыр зэрыщытыр.
Романым и ухуэкIэр, и сюжетыр. Абы къыщыхъу Iуэхугъуэхэр зы адыгэ жылагъуэ цIыкIум и гъунапкъэм зэримыкIыр. Публицистикэ щэнхэр къызэбэкI тхыгъэм Октябрь революцэм ипIэкIэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я псэукIар, къуажэдэсхэм яку дэлъа зэхущытыкIэхэр, я гупсысэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. «Автор псалъэм» («авторское отступление») тхыгъэм щигъэзащIэ къалэныр. ТхакIуэм къигъэсэбэп художественнэ Iэмалхэр (зэгъэпщэныгъэр, егъэлеиныгъэр, сурэт характеристикэр, антитезэр, н.), образхэр къэгъэщIынымкIэ абыхэм ягъэзащIэ къалэнхэр, зэран щыхъу щIыпIэхэр. Гурыхь образхэмрэ (Хьэмид, Уэсмэн, ЛутI, Мусэ, Сырымэ, Захаров) гурымыхьхэмрэ (Тембот гъум, Жамырзэ пэгъым, Къасбот нэф, Жамбот дэгу, н). Назыч и образыр. Пщащэмрэ Уэсмэнрэ яку дэлъ гурыщIэм зригъэужьыну тхакIуэр щIытемыгушхуэр. Романыр нэмытхысауэ къызэрынар, абы и щхьэусыгъуэхэр.
Къуэжей Сосрыкъуэ. ТхакIуэм и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. «ЩIэ» повестыр. Адыгэ литературэм и япэ повестыр зытеухуар, и гъэпсыкIэм хэлъ гъэщIэгъуэнагъхэр. Повестым и фIэщыгъэцIэм тхакIуэм щIилъхьэ гупсысэр. Адыгэ къуажэр псэукIэщIэм зэрыхыхьэр: жьымрэ щIэмрэ, гупымрэ цIыху щхьэзакъуэмрэ яку къыдэхъуэ зэныкъуэкъухэр, ахэр тхакIуэм зэрызэфIих Iэмалхэр. Комсомол-щIалэгъуалэ бригадэм щекIуэкI гъэсэныгъэ лэжьыгъэр. Повестым и образ системэр, абы хэлъ щыщIэныгъэхэр.
Лъэпкъым и блэкIа гъащIэр, цIыхум и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм - щхьэхуитыныгъэмрэ и хуитыныгъэхэмрэ – папщIэ иригъэкIуэкI бэнэныгъэр художественнэ IэмалхэмкIэ къыщыгъэлъэгъуэжа тхыгъэхэр (ЩоджэнцIыкIу А. «Хьэжыгъэ пут закъуэ», «Хьисэ и махуэ блэкIахэр», «Хабзэжь удын», «Жалдуз», н.), абыхэм я мыхьэнэр.
Теунэ Хь. и «Аслъэн» повестыр. И гуащIэкIэ псэуж цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэным и бэнакIуэ Аслъэн зэрыхъур, образым игъуэт зыужьыныгъэр. Лъэпкъ прозэм и хэлъхьэныгъэ щхьэпэу повестыр зэрыщытыр.
Адыгэ лъэпкъ усыгъэр. Лъэпкъ усыгъэм 30 гъэхэм нэхъыбэу къиIэту щыта темэхэр. Адыгэ лирикэм и япэ лъэбакъуэхэр, абы и зыужьыныгъэр зи фIыщIэ усакIуэхэр (ЩоджэнцIыкIу А., Борыкъуей ТI., ЩакIуэ Т., КIыщокъуэ А., Гъуэщокъуэ Хъу., н.). Зэманым къигъэув Iуэхугъуэхэр цIыхубэм къагурыгъэIуэн къалэныр усыгъэм игъэзащIэу зэрыщытар, абы и къыхуеджэныгъэ нэхъыщхьэхэр.
Iуэхугъуэ гуэрым къыхуеджэным ехьэлIа (лозунг) поэзием и лIыкIуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зы Борыкъуей ТIутIэ и усэхэр («Сыхьэт махуэ дэ дежьащ», «Пионер уэрэд», «КИМ», «Октябрым и 25-р», н.). Гъуазджэ хабзэхэмкIэ абыхэм фIагъ ин ямыIэми, лъэхъэнэм и нэщэнэхэр къызытещ, адыгэ литературэм и япэ лъэбакъуэхэр дэзыгъэлъэгъуж тхыдэ фэеплъу ахэр зэрыщытыр.
30 гъэхэм адыгэ усыгъэм и жанрхэми лIэужьыгъуэхэми зэрызаужьар. Поэмэ жанрым и ехъулIэныгъэхэр. Лъэпкъ усакIуэ нэхъыжьхэри нэхъыщIэхэри я къарум абы зэрыщеплъыжар. Жанрым и зыужьыныгъэм хэлъа ныкъусаныгъэхэр.
|
Из за большого объема этот материал размещен на нескольких страницах:
1 2 3 |


