Программэр зыубзыху тхыгъэ

  11-нэ классым адыгэ литературэмк1э зэрыщылажьэ программэр зэхэлъхьащ илъабжьэмк1э къыщыгъэлъэгъуа документхэм,  Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ц1ыхубэм щ1эныгъэ егъэгъуэтынымк1э къищта Законхэмрэ концепцэхэмрэ япкъ итк1э:

1. Къэбэрдей - Балъкъэр Республикэм и закон "Об образовании" №23-РЗ 24.04.2014 гъэм къыдэк1ар.

2.Щ1эныгъэмк1э и министерствэм и приказ  № 000 "Об утверждении республиканского базисного учебного плана для образовательных учреждений Кабардино-Балкарской Республики" 30.07.2012 гъэм къыдэк1ар.

3. САНПиН 2.4.2. № 000-10-р,2011 гъэм и мартым Урысей Министерствэм щагъэувар.

4.Урыху курыт еджап1э езанэм 2016-2017 гъэ еджэгъуэм и учебнэ планыр.(№  )

5.Урыху курыт еджап1э езанэр зэрылажьэ программэм и положенэр (приказ ".....)

6. 2016-2017 гъэ еджэгъуэм и программэр гъэзэщ1а хъун папщ1э егъэджэныгъэм къыщыгъэсэбэпын хуейуэ региональнэ переченым къыщыгъэлъэгъуа учебникхэр.

11-нэ классым адыгэ литературэмк1э рабочэ программэр зэхэлъхьа хъуащ Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э КъБр-м и Министерствэм къищта автор гупым зэхигъэува «Адыгэ (къэбэрдей-шэрджэс) литературэмк1э 5-11-нэ классхэм папщ1э программэм» (Налшык, 2013) ипкъ итк1э, ТIымыжь Хь. Т., ятха «Адыгэ литературэ:  Хрестоматие 11 класс» (Налшык «Эльбрус» 2013) тхылъым тещ1ыхьауэ. Рабочэ программэр сыхьэт 34-м къриубыдэу егъэджыным теухуащ,  тхьэмахуэм и к1уэц1к1э зы сыхьэт хуэзэу. Абы къыхэк1ыу илъэсым къриубыдэу къызэрапщытэ лэжьыгъэу сочинени 3 ятхынущ.

НЕ нашли? Не то? Что вы ищете?

  Программэм и зэхэлъык1эмрэ къызэщ1иубыдэмрэ

  11-нэ классхэм хухэха Iыхьэр зэхэлъхьащ еджакIуэхэм нэхъапэм  ягъуэта щIэныгъэмрэ зэхэщIыкIымрэ я тегъэщIапIэу, лъэпкъ литературэм и тхыдэр (къежьапIэхэм къыщыщIэдзауэ иджырей зэманым къэсу) егъэджыным; тхакIуэ щхьэхуэхэм а тхыдэм хуащIа хэлъхьэныгъэр ягъэщIэным, абыкIэ адыгэ литературэм и зыужьыкIам, нобэрей теплъэм, ехъулIэныгъэ нэхъ ину иIэхэм щIэныгъэ хабзэкIэ хэгъэгъуэзэным тегъэщ1ауэ. Абы нэмыщIу, еджакIуэхэм щапхъэ ирикъун къахьурэ тхыгъэр зэпкърахыфу щытын хуейщ и бзэмкIэ, и гъэпсыкIэмкIэ, тхакIуэм и гурылъыр къызэригъэнахуэ нэгъуэщI IэмалхэмкIэ; икIи я Iуэху еплъыкIэр щыгъэлъэгъуа тхыгъэ укъуэдиякIэ (сочиненэ) къаIуэтэжыфу щытын хуейщ.

  Программэр зэхэзылъхьахэр хущIэкъуащ, Iэмал зэриIэкIэ, темэ зэмылIэужьыгъуэхэм теухуауэ, еджакIуэм и ныбжьымрэ иIэн хуей зэхэщIыкIымрэ елъытыжауэ, яджыну тхыгъэхэр къыхэхыным, тхакIуэ нэхъ Iэзэу зи IэдакъэщIэкIхэр куэдым ящIэн хуейхэм ящыщ гулъытэншэу къэмыгъэнэным. ЕджакIуэхэр литературэм и теорием хэзыгъэгъуазэу термин нэхъ зыхуейхэр хэхауэ гъэнэхуащ.

  Программэм хохьэ  адыгэ драматургием  и зыужьыныгъэм теухуа обзор. , Щоджэнц1ык1у 1.У. , , К1эрэф М. Ж. , К1уащ Б. И., , , Бищтокъуэ Хь К.  сымэ гъащ1эмрэ я литературнэ лэжьыгъэмрэ теухуа 1уэхугъуэ  нэхъыщхьэхэмрэ;

Мурадыр: 

- тхак1уэм е усак1уэм и тхыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуа л1ыхъужьыр сыт и лъэныкъуэк1и къагъэлъэгъуэфу, зэпкърахыфу егъэсэн;

- тхыгъэ къызэджам хуа1э щык1эр, ар къазэрыщыхъуар къызэра1уэтэжыфым

теухуауэ я щ1эныгъэм хэгъхъуэн.

Къалэныр:

- гъащ1эмрэ искусствэмрэ хэлъ дахагъэм хуэфэщэн пщ1э хуащ1ыфу егъэсэн;

- литературэмк1э зэджа тхыгъэхэр зэпкърахыфу, тэмэму тепсэлъыхьыжыфу

  щытыным хущ1экъун;

- езыр – езыру художественнэ тхыгъэхэм къеджэу, абы тепсэлъыхьыжыфу

зэпкърахыфу егъэсэн;

  - анэдэлъхубзэм и къулеягъэм, и дахагъэм,  шэрыуагъэм гу лъегъэтэн;

  - зэджа произведенэхэм тхыгъэк1э тэмэму, зэк1элъыхьауэ тепсэлъыхьыжыфу есэным хущ1экъун.

Адыгэ литературэмк1э 11-нэ классым щегъэджыным мыпхуэдэ къалэн къегъэув:

- ныбжьыщ1эхэм литературэм къыхахыу зэхэщ1ык1 лъагэрэ гъэсэныгъэ дахэрэ яхэлъу къэгъэтэджыныр; ц1ыхугъэм и щапхъэр, гуп хэтык1э хабзэхэр, благъэми хамэми яхуэфащэ пщ1эмрэ нэмысымрэ къагуры1уэу, Хэкур ф1ыуэ ялъагъуу, жылагъуэ 1уэхухэмрэ щхьэзакъуэ гурыгъухэмрэ зэрагъэзэгъыфу, дэтхэнэми лъысыпхъэ пщ1эр хуащ1ыжу къэхъуныр;

- литературэ образ щыпкъэхэр и гъуазэу щ1эблэр жылагъуэ гъащ1эм хэшэныр, ныбжьыщ1эхэм я зэчиймрэ зэф1эк1ымрэ къызэ1уегъэхыныр, дунейпсо ц1ыхубэм хигъэщхьэхук1а лъап1эныгъэ нэхъыщхьэхэр къыгуры1уэу, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ хуэпэжу къэгъэхъуныр, лъэпкъхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэр гъэбыдэн, ц1ыхухэм шынагъуэншагъэ  псэук1э къахузэгъэпэщыным и бэнак1уэу къэгъэтэджыныр;

- джак1уэхэр я анэдэлъхубзэк1э зек1уэ 1уэры1уатэмрэ тхыгъэ нэхъыф1хэмрэ щыгъуазэ щ1ыныр, абык1э хуэфащэ пщ1эр анэдэлъхубзэм хуащ1у ик1и иригушхуэу къэгъэхъуныр, лъэпкъ литературэм и тхыдэмрэ нобэрей и щытык1эмрэ куууэ щыгъэгъуэзэныр, абы и жанр нэхъыщхьэхэр, и тхыгъэ нэхъыф1хэр къагурыгъэ1уэныр;

- 1уэры1уэтэм и л1эужьыгъуэхэр, литературэ тхыгъэхэр псэк1э зыхащ1эу, зэпкърахыфрэ абы хэлъ ф1агъхэмрэ щыщ1эныгъэхэмрэ литературэмрэ тхыдэмрэ ящыщ щапхъэхэр къагъэсэбэпурэ къагъэнэхуэфу, езыезыхэми псалъэр  эстетикэм и хабзэк1э ягъэшэрыуэфу, литераткрэр гъуазджэм и нэгъуэщ1 пкъыгъуэхэм зэрыдэгъуэгурык1уэмрэ къызэрыщхьэщык1ымрэ 1упщ1у зэхащ1ык1ыу егъэсэныр. 

Еджэныгъэм нэхъыщхьэу къызэщ1иубыдэр

Хэзыгъэгъуазэ (1)        

  (1)

И гъащIэмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ.

и лирикэм щIэлъ философие лъабжьэр. "ЩIымахуэ", "Анэ", "Ягуэшкъым тхыдэр дэлэн IупщIэу", "Гугъэ", "ЦIыхумрэ Тхьэмрэ", "Илъэхъауэ мэзыжь щхьэкIэм" усэхэм усакIуэм къыщиIуатэ гупсысэхэмрэ езым и дуней лъагъукIэ щхьэхуэмрэ. къигъэщI образхэм я щIэщыгъуагъыр, усэ сатырхэм къахэIукI гурыщIэ макъамэхэр. Гугъэмрэ хъуэпсапIэмрэ, фIэщхъуныгъэмрэ пIейтеиныгъэмрэ усакIуэм и лирикэм щаубыд увыпIэр.

лъэпкъ усэ гъэпсыкIэм щIэуэ хилъхьахэр. УсакIуэм и бзэмрэ цIыхубэ усыгъэмрэ. Адыгэбзэм хэкIуэдыкIыжа псалъэхэу усэбзэм къыхишэжахэмрэ езы усакIуэм къигъэщIыжа жыIэкIэ щхьэхуэхэмрэ.

и прозэ тхыгъэхэм цIыхум и пщIэр къэIэтыныр, лъахэмрэ лъэпкъымрэ яхуиIэ лъагъуныгъэр къызэрыхэщыр. Лъэпкъ IэпщIэлъапщIагъэм теухуа новеллэхэр. Зи Iэзагъыр IэщIагъэ къызэрыгуэкIым икIыу гъуазджэм нэса цIыхухэм я образхэр (п. п., ХьэкIашэ, Мусэ, Хьэбалэ, БлутIэ, н.) "Къру закъуэ", "Мусэрэ Мусэ и дыдымрэ", нэгъуэщI новеллэхэми къызэрыщыгъэлъэгъуар.

ТхакIуэм и рассказхэм я гъэпсыкIэм щыщу гу зылъытапхъэхэр, IуэрыIуатэм и Iэмалхэр къызэрыщыгъэсэбэпар. Адыгэ художественнэ литературэбзэм зиужьынымкIэ и прозэм и мыхьэнэр. Л и т е р а т у р э м  и  т е о р и е. Прозэм и жанр цIыкIухэм (рассказ, новеллэ, очерк) теухуауэ еджакIуэхэм зрагъэщIахэм хэгъэхъуэн.

  (2)

И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ.

"Къоджэм уигъэжейркъым" хыхьэ тхыгъэхэм лъэпкъым и тхыдэ гъуэгуанэр къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. Адыгэм и блэкIамрэ и нобэмрэ тхакIуэм зэрызэпищIэр, тхыдэ къэхъукъащIэхэм езыр зэрабгъэдыхьэр, абыхэм къахэхыпхъэ дерсхэр къызэриIуатэ художественнэ Iэмалхэр.

Тхыгъэм и ухуэкIэм хэлъ къыщхьэщыкIыныгъэ нэхъыщхьэхэр. Лъэпкъ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ зи цIэр къыхэна лIыхъужьхэм, цIыху къызэрыгуэкIхэм я образхэм "ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэм" щагъуэт зыужьыныгъэр.  Езы тхакIуэм и образыр, и хъэтIыр, хъыбархэм я къэIуэтэжыкIэ щхьэхуэр. Л и т е р а т у р э м  и  т е о р и е. Персонажым и бзэм тхакIуэм ирит къыщхьэщыкIыныгъэхэм (диалог, монолог, и щхьэм хужыIэжыныгъэ) теухуауэ гъэ еджэгъуэ блэкIахэм къащIахэм хэгъэхъуэн.  (3)

И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ. ТхакIуэ нэхъыжьхэм лъэпкъ литературэм щызэрагъэпэща хабзэ нэхъыфIхэм усакIуэр зэрыхуэпэжыр. "Гъатхэ губгъуэм", "УсакIуэм и мурад нэхъыщхьэр", "Щыст", "Лъахэ уэрэд", "КъызжаIэр хъуркъым сэ си фIэщ", "Гъатхэмрэ хъыджэбзымрэ", "Дыщэбжьэхэр", "Адыгэ къафэ", "Лъыхъуэ уи насыпым", "Гъэрэ щIырэ" усэхэм (нэгъуэщIхэри ядыщIыбгъу хъунущ) усакIуэм къыщиIэт темэхэмрэ гупсысэхэмрэ. Образхэм я системэр, цIыхугъэ лъагэм ухуриджэу абыхэм яхэлъ пафосыр.

и лирикэ лIыхъужьым и хьэл-щэныр: усакIуэмрэ поэзиемрэ я зэхущытыкIэр, абы и гъащIэр, и дуней еплъыкIэр. Адыгэ лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъыщхьэу авторым къилъытэр, дунейпсо цIыхубэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэм ар зэрабгъэдыхьэр. Поэзием игъащIэ лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ, игъэлъапIэ темэ хэхахэм (п. п., щIыуэпсым, лъагъуныгъэм, гъащIэм, уахътыншагъэм, н.) усакIуэм къахуигъуэт бгъэдыхьэкIэщIэхэр, къигъэщI образыщIэхэр,  жыIэкIэщIэхэр.

УсакIуэм и бзэр, и усэ гъэпсыкIэм хэлъ щIэщыгъуагъыр.

(1)

И гъащ1эмрэ и литературлэжьыгъэмрэ.

Тхак1уэ нэхъыжьхэм лъэпкъ литературэм щызэрагъэпэща хабзэ нэхъыф1хэм усак1уэр зэрыхуэпэжыр. «Гъатхэ губгъуэ», «Усак1уэм и мурад нэхъыщхьэр», «Щыст», «Лъахэ уэрэд», «Къызжа1эр хъуркъым сэ си ф1эщ», «Гъатхэмрэ хъыджэбзымрэ», «Дыщэбжьэхэр», «Адыгэ къафэ», «Лъыхъуэ уи насыпым», «Гъэрэ щ1ырэ» усэхэм (нэгъуэщ1хэри ядыщ1ыбгъу хъунущ) усак1уэм къыщи1эт темэхэмрэ гупсысэхэмрэ. Образхэм я системэр, ц1ыхугъэ лъагэм ухуриджэу абыхэм яхэлъ пафосыр.

и лирикэ л1ыхъужьым и хьэл-щэныр: усак1уэмрэ поэзиемрэ я зэхущытык1эр, абы и гъащ1эр, и дуней еплъык1эр. Адыгэ лъэпкъым и ф1ыгъуэ нэхъыщхьэу авторым къилъытэр, дунейпсо ц1ыхубэм и лъап1эныгъэ нэхъыщхьэхэм ар зэрабгъэдыхьэр. Поэзием игъащ1э лъандэрэ къыдэгъуэгурык1уэ, игъэлъап1э темэ хэхахэм (п. п., щ1ыуэпсым, лъагъуныгъэм, гъащ1эм, уахътыншагъэм, н.) усак1уэмкъахуигъуэт бгъэдыхьэк1эщ1эхэр, къигъэщ1 образыщ1эхэр, жы1эк1эщ1эхэр.

Усак1уэм и бзэр, и усэ гъэпсык1эм хэлъ щ1эщыгъуагъыр.

МафIэдз С. Хь.  (2)

И гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэмрэ.

МафIэдз С. Хь. и тхыдэ романхэр. ХIХ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ ныкъуэм Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэмрэ Урысей къэралыгъуэмрэ яку дэлъа  зэпыщIэныгъэр "Мыщэ лъэбжьанэ" романым къызэрыщыгъэлъэгъуэжар. Романым и ухуэкIэр, сюжетым и зыужьыкIэр, къыхэхыпхъэ дерсхэр. Этнографием ехьэлIа щапхъэхэм (адыгэ жылагъуэм, унагъуэм  я псэукIэм, абы щызекIуэ хабзэ-нэмысым, адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ я зэхущытыкIэхэм) тхыгъэм щаубыд увыпIэр. Тхыгъэм и образ къызэгъэпэщыкIэр, зи цIэр тхыдэм къыхэщыж цIыхухэм я хьэл-щэныр, я шыфэлIыфэр зэфIэгъэувэжыныр тхакIуэм къызэрехъулIар.

Адыгэхэм я псэукIэ-зэхэтыкIэм къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэр, абыхэм къагъэщI Iуэху бгъэдыхьэкIэ зэхуэмыдэхэр, езы тхакIуэр апхуэдэхэм зэрахущытыр.

МафIэдз С. Хь. и бзэр, щIэныгъэ хъэтIыр абы къыхэщу зэрыщытыр. Л и т е р а т у р э м  и  т е о р и е. Тхыдэ романым теухуауэ еджакIуэхэм къащIахэр къэпщытэжын.

Из за большого объема этот материал размещен на нескольких страницах:
1 2 3 4 5