нысэ [39] шэш., ингу., бацб. нус «невестка», груз. nusiadia «жена дяди», къэб. сноха «невестка». / НысащIэ.

сабын [235] (араб.) sabun «мыло» / Щэ дагъэ лIэужьыгъуэ гуэрхэмрэ, щелочымрэ къыхах пкъыгъуэ. (ирожьыщIэ, иротхьэщIэ). Мыр гъуэгум къыщытхуэщхьэпэжынщ, - жери Ерстэм сабын жьыщIыгъуищ къищэхуащ, Смирнэ къраш сабын IэфIым щыщу.

сабыр [67] (хьэрып) sabir «терпеливый», «выносливый», «стойкий» къэб. «смирный», «тихий». Былым къыдыхьэжыгъуэ, жэм шыгъуэ зэрыхъурэ щхьэщыкIуэтыжри, жылэр сабырыжащ.

сату [42] (тюрк.) тат. сату, къыргъ. сатуу «продажа», къэб. торговля / Хьэпшып щэныгъэ. ХъунщIэн муради уимыIэу, сатуми узэрыпылъышхуэ щымыIэу, апхуэдизрэ зи ужь уитыр сыт, аращ къызгурымыIуэр.

сатуущI [235] (тюрк.) «работник торговли» / Хьэпшып зыщэ. Къалэм дэс гъэр сатуущIхэм я деж дыкIуэнщи деплъынщ.

сэкъат [134] (хьэрып) sakat «негодный», «отбросы» къэб. « изъян», «дефект», «недостаток» / ЩыщIэныгъэ, лажьэ. ЩхьэкIуэ зиIа пщащэщи, яхуэмыгъэдэIуамэ, хэт ищIэрэ, удын гъущэкIэ сэкъат игъуэтауэ урихьэлIэжынкIи мэхъу.

сэлам [19] (хьэрып) Приветствие. / ЩызэхуэзэкIэ зым адрейм зэрызэхуигъазэ. Я шыщхьэ щызэуалIэм, Ерстэм, и Iэр ишийри, щIалэжьым сэлам ирихащ.

сулътIан [234] Султан / Языныкъуэ муслъымэн къэралхэм пащтыхьым зэреджэ цIэ. СулътIанымрэ тырку къулеижьхэмрэ гъэр пщащэ яхуригъэшэныр и хьэкъщ хъаным.

сурэт [169] (хьэрып) surat «форма», «очертание», «вид», «изображение», къэб. «фотография», «снимок». Абы хуэдэ зэрыщыIэр и гурыфIыгъуэ закъуэу, игъащIэкIэ игу имыхужын сурэту и нэгу щIэтынщ.

таучэл [34] (тюрк.) къумыкъу tabakkal «решимость», «смелость» / Тегушхуэныгъэ. УеплъынкIэ хъуэпсэгъуэщ, - жиIащ Ерстэм, и гъуэгу дэхын-дэмыхынкIэ таучэл имыIэу.

тэрэзэ [235] (перс.) tarazu «весы» / Яшэч пкъыгъуэхэм я хьэлъагъыр къызэрахутэ Iэмэпсымэ.

тезыр [58] (хьэрып) «наказание», «штраф» / Къуэншагъэ зыбгъэдэлъу ялъытам тращIыхь унафэ, етхьэкъуныгъэ. – Ди хьэблэ и напэ тепхынщи, тезыр птетлъхьэнщ. Укъимыгъэгугъэмэ, къыхэкIыжи нэхъыфIщ.

темыркъэзакъ [228] (адыг.) «Полярная звезда», (тюрк.) «железный кол». Темыркъэзакъыр ди ижьырабгъуу, ныжэбэ дыкIуэнщ.

уэсят [10] (хьэрып) wasiuat «завещание», «завет». ЛIэн щыхъум, я анэм уэсят къахуищIыжащ: нэхъыщIэм зекIуэныр, лIыгъэщIапIэр и нэрыгъщ, ар хуит щIы, унагъуэ-лэжьыгъэ Iуэхум нэхъыжьитIыр пылъмэ ирикъунщ.

фейдэ [75] (хьэрып) faida «польза», «выгода», «доход». / ТекIуадэм ищIыIукIэ зыгуэрым къыпыкI хъер. И фейдэ хэмылъу зригъэгъусащ, шу гъусэ пщафIэу къыздришэкIащ.

хъарзынэ [105] (хьэрып) kazina «казна», «сокровище, «клад», къэб. хороший, замечательный. ЩIалэ хей-хъарзынэр кIуэдынущ, жери, игу гумэщIыгъэ къредзэ Ерстэм.

хъыбар [54] (хьэрып) kabir «новость, известие, сообщение, слух, молва, предание». / Гуащэ къызэришам, абыкIэ зэрыщыуам и хъыбар зэхихауэ игу къебгъауэ арауэ пIэрэ?

хъуржын [181] (хьэрып) kurj «переметанная сума», къэб. «котомка». Ерстэм, и фащэ Iэмэпсымэхэр фэ хъуржын цIыкIум ирилъхьэжри къэтэджащ.

хьэжы [47] (хьэрып) haji «поломник», хаджи «поломник в Мекку» / Меккэ кIуэуэ къэкIуэжа цIыху. Ар хьэрып лъэныкъуэмкIэ къумым къыщепщэ жьы лъэщ гуэрым и цIэщ, хьэжыхэм жаIэу зэхэсхащ.

хьэлэл [42] (хьэрып) halal «дозволенный», «допустимый», «законный», къэб. дозволенное религиозной моралью, законом. / 1. Муслъымэн диным Iэмыр ищI; 2. «добрый», «добросердечный! / НэгъуэщIым фIы хуэзыщIэ цIыху, гу щабэ. Армырамэ, бысым пхуэхъун цIыху хьэлэл е благъэу, е нэIуасэу уиIэн хуейщ.

хьэкъ [168] (хьэрып) hack «правда», «истина», «правота» / Пэж, тэмэм. Арами, Шу закъуэр пщащэм и лъыщIэж къежьэнри зыхуэлIа щыIэкъым – и къэшэнми и Iыхьлыми, и цIыхугъэ хьэкъкIэ къытохуэ.

хьэл [129] (хьэрып) hal «состояние», «положение», къэб. «характер», «нрав». / Щэн. Пэжщ, пщащэу япэ щыIущIами, щхьэгъусэ хуэхъуа нэужьи, дилъэгъуат гуащэ щхьэзыфIэфIыгъэ гуэрхэри, ауэ лIым апхуэдэкIэ зэрыхэмызэгъэнур къыгурыIуэрти, и хьэлыр щIиуфэн хуей хъужырт.

хьэлэбэлыкъ [39] (хьэрып) galaba «пустой разговор», «болтовня», къэб. «суматоха», «неразбериха» / Зэрызехьэ, зэрыхьзэрий. Ауэ джэгу зыхуащIыр гуащэнысэщ, уэркъ пщащэм лъагъэсмэ, уэркъхэр къэдауэу къэувынри хэлъщ. Зэрыхъунур пщIэнукъым, хьэлэбэлыкъ къикIынкIэ мэхъу.

хьэлэмэт [33] (хьэрып) alamat «знак, признак», «символ», къэб. «интересный», «чудесный», «удивительный». / ГъэщIэгъуэн. Аращ Ерстэм кIэмыргуейм нэхъ хьэлэмэт дыдэу ирилъэгъуар. Я псалъэрэ я зекIуэкIэрэ зыхуэсакъ щыIэкъым кIэмыргуейхэр.

хьэпшып [272] (тюрк.) «вещь, предмет». / ЦIыхум къигъэсэбэп, зэрихьэлIэ предмет зэмылIэужьыгъуэ. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа хьэпшып цIыкIуфэкIум адэмыдэкIэ щедзащ.

хьэтыр [267] (хьэрып) katir «желание», «склонность», «расположение к кому-л.», къэб. «услуга», «одолжение». / Iуэхутхьэбзэ. КIуэ, сощIэ лажьэ узэримыIэри, ар къыжепIэн узэрыхуимытари, ауэ ди зэхуаку илъ ныбжьэгъугъэм и хьэтыркIэ сыхэбгъэгъуэзэн хуеящ.

хьэуа [92] (хьэрып) hawa «воздух» / Жьы. Къуажэм щыдэсым еплъынкIи игу къызыхуэмыкI уафэ къащхъуи, мэз щхъуантIи, и щыпэлъагъу хуэдэу фIэдахэу, фIэгъэщIэгъуэну зеплъыхь, хьэуа къабзэри зыщимыгъэнщIыжу и бгъэм щызу мэхъу.

хьэулей [35] (тюрк.) «бездельник» / Iуэхуншэу къэзыкIухь, сэбэп гуэри зимыIэ. Хэт щыщми хьэулейщ, къыппэувынкIэ зэфIэнэнкъым.

НЕ нашли? Не то? Что вы ищете?

хьилэшы [148] (хьэрып) «хитрый», «изворотливый», «находчивый» / Бзаджэ, фIэкIыпIэ зи куэд IэмалкIэ Iэзэ (зэрыхьилашы). Сэри куэд щIауэ сощIэ ар зэрыхьилэшыр, дытIыс дытэджу куэдрэ дызэдэуащ.

хьисэп [34] (хьэрып) hisab «арифметика», «вычисление», къэб. «намерение», «цель», адыг. «исчисление». / Мурад. Пщы уэркъхэм лъхукъуэлIхэр дахэкIэ ягъапцIэу зыхуагъэIурыщIэн я хьисэпщ.

чэзу [51] (тюрк.) тэт. kuzу «дежурство», «очередной дежурный», къэб. «очередь», «череда». / Зыгуэр щхьэкIэ щытхэм ущиIэ увыпIэ. Чэзур Суанд деж щынэсым, джэгуакIуэр пщащэм бгъэдыхьыщ.

чэнджэщ [75] (тюрк.) бэлъкъ. кенгем «совет», адыг. «сомнение». Ар дэнэ къэна пщащэм къыщытхъуу, хуэдэ жылэм дэмысу къыжриIэу, апхуэдэ пщащэ блэбгъэкI мыхъуну и чэнджэщ кърихьэлIащ.

чэтэн [75] (хьэрып) kattan «лен», «полотно». / Заулрэ къэтауэ къыщигъэзэжам къызрихьэлIэжар узижэгъуэн6 лIым пщы щIалэр фIигъэжауэ чэтэн пIэтепхъуэм кIуэцIегъэджэразэ.

шэмэдж [234] (осет.) yэbэez «коса». / Мэкъу хьэцэпэцэхэкI ирипаупщIу пхъэкI кIыхь зыфIэлъ мэкъумэш Iэмэпсымэ. Илъагъур зэригъэщIэгъуэн ищIэркъым Батым. ГъэщIэгъуэн дыдэ къыщыхъуар нэмыцэм къраша шэмэджхэрщ.

шэтыр [145] (перс.) чaтыр «зонт», къэб. шатер. / Чэтэн, фэ е бгъэн зытелъ пщыIэ лIэужьыгъуэ. Къандзэгу тыкъыр хуэдэхэщ, упщIэ шэтырхэр икъухьауэ.

шей [157] (кит.) «чай». / Шейудз, шейудзым къыщIэгъэвыкIа псы. КъэзгъэкIэрэхъуэжри, пхъэ гъур гулъэ мэзым къыщIэсшащ, шей ефэгъуэ дахэм деж къуажэм сыкъыдыхьэжащ – щIалэжь Жану, мэзым жьыуэ сыкIуэри сыкъэкIуэжауэ зыкъезгъэлъэгъуащ жылэм.

шейтIан [98] (хьэрып) saitan «черт, сатана», «дьявол», «шайтан». / Муслъымэн диным цIыхум лъэмыкI куэд лъэкIыу щIэпхъэджагъэ щIэным тепсыхьа гуэр. Дыщэ кIадэ щIэлъу, дыщэ кIадэм шейтIан тет хуэхъуауэ ялъытэрт.

шэч [179] (хьэрып) sakk «сомнение», «неуверенность», «подозрение». / Дзыхьи пхузощI, зекIуэ гъусэ зыпхуэсщIынуи куэд щIауэ сыщIохъуэпс. Ауэ зи мылъку ядыгъуарэ, зи щэху яIуэтарэ дзыхьмыщI мэхъу жаIэ, си бийм си щэху зыгуэркIэ къащIэрэ лей къызахмэ шэч зыхуэсщIым ящыщ ухъуну сыхуейкъым.

шухьэ [51] (тюрк.) нэгъуей шуга «сукно». / Тыркум къраша шухьэ плъыжьыр и цейщ, къэжэр хъурыфэр и пыIэщ.

щэн [129] (хьэрып) say «натура», «характер», «свойство». / Хьэл. Ауэ а псом гуащэ щэн мэхъаджэу къуэлъым гу лъитакъым, сабий щыкIам и фэ ириплъыри, губгъэн щыхъуртэкъым, уеблэмэ, нэхъ благъэ къыхуэхъу хуэдэу къыфIэщIырт.

шылэ [89] (перс.) челе «сорокодневные периоды наибольшей зимней стужи и летней жары. / Махуэ плIыщIкIэ екIуэкI гъэмахуэм и нэхъ хуабэ дыдэ е щIымахуэм и нэхъ щIыIэгъуэ дыдэ. челе – сорок. ЛIыщIэм IущIэнкIэ гугъакъым – шылэ мазэр икIа къудейуэ арат, мыщэ къэтэджыгъуэ хъуатэкъым.

Iэдэб [19] (хьэрып) adab «культура», «изысканность», «хорошие манеры», «воспитанность», къэб. «смирный», «кроткий». / И лIыгъэрэ и гуащIэрэ аргуэру зэ игъэунэхун хуей зэрыхъуар игу илъу Ерстэм Iэдэбу ихъу-илъ хэмылъу зыхуэсакъыжу, шум бгъэдокIуатэ.

Iэмал [25] (араб.) amal «действие», «поступок», «активность», къэб. «способ», «метод», «прием». / ХэкIыпIэ, бгъэдыхьэпIэ. Аращ пщIэнур, адэкIи-мыдэкIи уемыплъэкIыу, уи адэ деж екIуалIэ, Iэмал зэриIэкIэ, мы гъуэгужьым утемыту гъуэгу зэгъуэкIкIэ кIуэж.

Iисраф [215] (хьэрып) israf «неумеренность», «невоздержанность», къэб. «сильно испорченный» / Мэхъуш къуажэм, Зеикъуэ иджыблагъэ къытеуа нэгъуейхэр Тэн адрыщI нэгъуейхэм ящыщщ, джэм булакъ лъэпкъщ, бзэджагъэкIэ къэкIуати Iисраф хэхъухьащ, я хэку яхьыжар хьэдэрэ хьэдагъэрэщ.

Iыхьлы [106] (хьэрып) ahl «родственник». / Ауэ Iыхьлыи лыджани щымыгугъыжыну, сыт абы къехъулIэнкIэ хъуагъэнур? Зыщыгугъын Iыхьлы къыхуэмынэжами, хуей хъумэ, къыкъуэувэн бэуэ игъуэтыни.

Синонимхэр

Адыгэбзэм и псалъэхэм мымащIэу хэтщ псалъэ куэд я мыхьэнэкIэ зэтехуэу, я къэпсэлъыкIэкIэ зэщхьэщыкIыу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, синонимхэр. Синоним зэхуэхъуфынущ сыт хуэдэ морфемэри, лъабжьэри, префиксхэри, суффиксхэри. Антонимхэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIам хуэдэ дыдэу, синонимхэм елэжьащ , Шагъыр I. НэгъуэщIыбзэхэми хуэдэу, синонимхэр адыгэбзэм мымащIэу адыгэбзэм хэтщ. Синоним зэхуэхъу псалъэхэр зы псалъэ лъэпкъыгъуэу щытын хуейщ. Ахэр нэхъ мащIэ дыдэу тIу мэхъу, ауэ нэхъыбэ хъууэ къыщыкIуи щыIэщ. Псалъэм папщIэ, хьэрыпыбзэр къатщтэмэ меч «къамэ» псалъэм синониму 400 нэс къыхуокIуэ. Адыгэбзэм синоним щызэхуэхъу псалъэм я нэхъыбапIэр езы бзэм къигъэщIыжащ, ейщ, ауэ мымыщIэу хэтщ нэгъуэщIыбзэм къыхэкIахэри. Зы псалъэр езы бзэм ейуэ, адрейр нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ, е тIури нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ щытынкIэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, молэ, ефэнды.

Синоним зэхуэхъу псалъэхэр щытынкIэ хъунущ зы псалъэр нэхъ пасэрейуэ, адрейр бзэм и активнэ лексикэм щыщу, е псалъэщIэу. Псалъэм папщIэ, дыгъэгъазэ («подсолнух») псалъэр бзэм къигъэсэбэпу щытащ, ф1ыуэ нэхъ иужьыIуэкIэ хьэрыпыбзэм къыхэкIа «сэхуран» жыхуиIэр бзэм къыхыхьащ «подсолнух» мыхьэнэ дыдэр иIэу. Мы псалъитIым синоним яхуэхъуу щытщ урысыбзэм къыхэкIа «семышкIэ» псалъэр.

Адыгеибзэр къатщтэмэ, а бзэр къыщагъэсэбэпу щытщ «тыгъэгъызэ» псалъэр. Урысыбзэм, хьэрыпыбзэм, тыркубзэм къыхэкIа псалъэ куэд адыгэбзэм къызэрищтам къыхэкIыу синонимхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ. Синоним гупхэм хыхьэ псалъэхэр щытынкIи хъунущ я закъуэу: дакъикъэминут, е зи закъуэу къакIуэ псалъэхэм фразеологизм (псалъэ зэхэжыхьа) синоним хуэхъуу: укIытэнплъыжь хъун.

Апажэ Мухьэмэд къызэрилъытэмкIэ, синонимхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуныр къыхэкIащ табухэр бзэм зэрыхэтым. Апхуэдэ псалъэхэр зэрыщыIэм къешэ абыхэм мыхьэнэкIэ япэгъунэгъу псалъэхэр къэсэбэпын зэрыхуейр. Псалъэм папщIэ, цIыхубзым и щхьэгъусэм и цIэр жиIэну къезэгъыртэкъым, цIыхум яхэту «силI» жиIэнуи емыкIут. Апхуэдэу, уз зэрыцIалэхэм я фIэщыгъэцIэхэри жиIэртэкъым.

Художественнэ текстым щагъэзащIэ къалэнкIэ убгъэдыхьэмэ, синонимхэ къызэрагъэсэбэп бжыгъэ елъытакIэ зэщхьэщагъэкI (зауэл - воин) стилистическэ синонимхэр: тхьэмпэпщIащэ, хъыджэбзпщащэ.

Апхуэдэу, синонимхэм тхыгъэм и бзэр дахэ ящI, тхакIуэм и Iэзагъыр къегъэлъагъуэ. Лъэныкъуэ псомкIи зэтехуэ синонимхэр бзэм куэд дыдэу къыщыкIуэкъым.

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, синонимхэр куэду зэщхьэщокI. КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым къыщыкIуэ синонимхэр зэхэхауэ и лъабжьэкIэ къыщытхьащ.

БжьыфIэ – екIу [69] Зыхыхьа гупым яхоплъэри, Ерстэм псори фIэбжьыфIэщ, фIэекIущ, кIэмыргуей хэку къихьэхукIэ, и нэгу щIокI ар – пкъыфIэ-бжьыфIэр, цIыху екIур къебэкIыу къыщохъу. /Видный, представительный, миловидный/.

Бий - жагъуэгъу - Бийрэ жагъуэгъурэ арыншами щимащIэкъым. / Враг, недоброжелатель/.

ГугъапIэ – хъуэпсапIэ [56] ГугъапIэр нэщI зэрыхъужари хъуэпсапIэ нэхугъэр зэрыкIуэсэжари къыгурыIуэжащ. Ауэ езы пщащэр и нэгу щIэтщ иджыри – и напIэ къиIэту къеплъынкIэ иримыкуу. /Мечта/.

Гъуни – нэзи [82] Жэмхэгъасэм апхуэдэуи, апхуэмыдэуи, унафэу къахуигъэувам гъуни нэзи иIэкъым. /Край чего-либо/.

Дахагъ – дэгъуагъ [51] ЛъхукъуэлI пщащэхэм дахагъэрэ дэгъуагъкIэ нобэ Суанд къахощ: бжьыфIагъэрэ лIыгъэкIэ зи цIэ ИраIуа Елджэрыкъуэ Кушыку къыдэфэну худогъэфащэ. /Красота - привлекательность/.

Дахэ – гуакIуэ [49] Пэжщ, хэт и ныбжьыщIи дахэщ, гуакIуэщ, ауэ уэркъ пщащэхэм я дахагъи я гуакIуагъи я напщIэм телъ уэркъыгъэ пагагъэм гуемыIу щIохъукI. /Красивый, привлекательный, симпатичный/.

Дахагъэ – щIэрэщIагъэ [6] Дахагъэ-щIэрэщIагъэм хуэхъуапсэу щытами, я цIыхухъум къыхахар лIыхъужь фащэ пцIанэт. /Красота, нарядность/.

Епсэлъэн – хуэIуэтэн / Ауэ и адэ епсэлъэн и чэнджэщ ирихьэлIэн ирикутэкъым, и лIыгъэ хуиIуэтэн дэнэ къэна. /Поговорить, пересказать/.

ЕмыкъуэншэкIамэ – лей иримыхамэ [138] Фызым зэрыбгъэдэкIыжамкIэ емыкъуэншэкIамэ, лей иримыхамэ жыхуэпIэныр хигъэкIащ. /Относиться несправедливо, проявлять несправедливость/.

ЖриIэнури – ирипэсынури [77] Жьыр пиубыдынум нэсауэ, Ерстмэ и гущIэр пикъузыкIащ, пщащэр нэщхъейуэ къыщихьэм, жриIэнури, ирипэсынури имыщIэу хуэтэджащ. //

ЗыдэщыIи – зыдыхэти [265] Ди унагъуэ тIэкIу зэдгъэпцIыжрэ жьэгу мафIэ диIэ хъужмэ, зыкъытхуэбгъэгусэми, уи хьэщIэгъуэ дыбгъэлъэгъункъэ? ЗыдэщыIи зыдыхэти сымыщIэм си хьэщIэгъуэ дауэ схуехьэлIэн. /Находиться/.

ЗэхэукIа-зэхэубэрэжьа [210] Зэрыхъу хабзэщи, мыбы кърашалIэ гъэрыр зэхэукIа зэхэубэрэжьащ, гукъыдэжи нэгъуэщIи ямыIэжу. /Быть измученным, крайне утомленным/.

Зэрыхэукъуэм хуэдэу – щыуэнкIэ хъуну [134] Арии лъагъуныгъэрэ малъагъуныгъэрэ белджылыуэ ищIэркъым. МыдреймкIэ зэрыхэукъуам хуэдабзэу, СуандкIи щыуэнкIэ хъуну. И дзыхь зэтелъыжкъым абыкIи. /Ошибиться, допустить ошибку в чем-либо/.

Зэжьэр – зыпэплъэр [139] Сыт зэжьэр, сыт зыпэплъэр пщэдей нэхъ пIалъэ къыхимыгъэкIыу КIэмыргуейм кIуэнщи, пщащэм лъыгъуэзэнщ. /Ждать, ожидать чего-либо/.

Зыщышынэр – зызыщидзейр [80] Я нэхъ зыщышынэр, нэхъ зызыщидзей дыдэр къехъулIащ. /Бояться, избегать, остерегаться/.

ЗэIэбынури – зэпхъуэнури [206] ЩIалэм Iэпэ махуэ пытыр пэжщ, - пыгуфIыкIащ Ерстэм, - ауэ уIэгъэ зэрапхи щыгъуазэщ жыхуэпIэр ар сщIэркъым: зэIэбынури – зэпхъуэнури зэримыщIэр щыслъагъум, уэ зэрыпщI хабзэр жесIэурэ езгъэпхащ. /Прикоснуться к чему-либо, схватить что-либо/.

Зауэ-теуэ [6] Кърым-тэтэр хъанри, тыркури зауэ-теуэ шынагъуэшхуэу, адыгэр зэраукъуэнхъынымкIэ ялъэкIыр я мардэу къапэщытащ. /Набег, нападение, война/.

Илъагъунумрэ – и нэгу щIэкIынумрэ [92] Илъагъунумрэ и нэгу щIэкIынумрэ зыхуэдэр имыщIэ хъуэжапIэ щэхуу къыпэщылъщ. /Увидеть/.

КъыфIэмыIуэхуу – зэрелIалIи щымыIэу [22] Ерстэм ар къыфIэмыIуэхуу, зэрелIалIи щымыIэу пыдыхьэшхыкIащ, модрейм ищIэнум пэплъэу. /Ни во что не ставя, не уделяя особого внимания/.

КъыхужаIэн – къыхуаусын [40] ЦIыхум къыхужаIэнумрэ къыхуаусынумрэ нэхъ зыфIэлIыкI адыгэм иIакъым. Зи цIэ фIыкIэ жаIэм и махуэшхуэт, зи Iей Iум шэ къытехуауэ ялъытэрт. /Что скажут люди/.

Къуажэ – жылэ [35] Абэзэхэм я унагъуэхэр Iэхуит-лъэхуиту икъухьащ, я къуажэхэр псыхъуэ кIыхьым дэгуэшащ, кIапсэм хуэдэу укъуэдияуэ. КIэмыргуей жылэхэр зэщIэIулIауэ зэхэсщ. /Село, селение/.

КIий – гуо [197] БжьэпэмкIэ кIий-гуо макъ къэIуащ. Ар щызэхахым, шу сатырыр къызэтеувыIащ. /Громкий крик, шум-гам/.

Магъ – мэпыхьэ [246] Зулихъэ, щIэщтэжауэ, магъ-мэпыхьэ, адыгэ пщащэм и нэм мафIэр къыщIех. /Плачет, рыдает/.

Мурад – хьисэп [124] Мэзагъуэ къешхыдэн муради, къегии хьисэпи иIэ хуэдэтэкъым: и нэм гумэщIымрэ гущIэгъумрэ щIэплъагъуэу, къеплъу тIэкIурэ щытащ, итIанэ, зэрихабзэу, и къуэм и нэкIур и IэгуфитIымкIэ иубыдри нэкIэ еубзэ едэхащIэу заулрэ иIыгъащ. /Цель, намерение/.

Мэхъаджэ – бзаджэ [107] IэщэкIэ узыпегъуэкIар я нэхъ бзаджэрауэ, я нэхъ мэхъаджэрауэ щрети, хьэдэ хъуауэ и пащхьэ къиджалэмэ гур зэрыхъур игъэунэхуауэ ещIэ Ерстэм. /Злой, грозный/.

Нэм къыщIидзэ – къыбжьэхэлыдэ [5] И Iэщи и фащи гуэуганэкIэ е зауэкIэ я фIагъ къэмыкIуэну, зыгуэри хэплъагъуэртэкъым. Къуэлэн-пщIэлэну, нэм къыщIидзэу, къыбжьэхэлыдэу хэлъаи щыIэкъым. /Бросающийся в глаза/.

Псалъэмакъыншэу – заущэхуауэ [115] Псалъэмакъыншэу – заущэхуауэ, мащэм ирахьа хьэдэм епIэщIэкIыу ятIэр зэрытратхъуэжам хуэдэу, Iуэхур зэфIагъэкIащ. /Тихо, без звука/.

ПщылI – унэIут [40] ЩыкIауэ щалъагъукIэ щIэх дыдэ зыкърагъэцIыхуж. ар дэнэ къэна, я пщылIхэмрэ я унэIутхэмрэ лей ирахыну хуежьэми хуадэнукъым. /Крепостной, крестьянин, холоп/.

Тешхыхьын – текIиен [10] Лейуэ ябгэу къыхущытакъым. Къатешхыхьу е къатекIиерейуэ щытакъым. /Ругать, накричать на кого-либо/.

УкIытэн – плъыжь хъун [27] ЩIалэ цIыкIур укIытэри плъыжь къэхъуащ. /Стыдиться, стесняться; букв. покраснеть/.

ФIэхъус – сэлам [108] ГумэщI-гузэвэгъуэм къыхэпсэлъыкIри фIэхъус-сэлами хэмыту, шыми къемыпсыхыу, щIалэм жиIащ: - Ерстэм, емыкIу къысхуумыщI, сэ сопIащIэ, мы гъэхъунэм иджыпсту къыщыхъункIэ хъунум укъыхэмыхьэ. /Приветствие/.

Хьэл – щэн [206] Пэжыр жыпIэнумэ, Ерстэм и хьэл-щэнкIэ зихъуэжауэ къыщыхъурт иджырей махуэхэм. /Характер, нрав/.

Хуэнэжэгужэу – хуэнэщхъыфIэу [83] Гуащэр япэу щилъэгъуам, яфIэщIагъуэу, хуэнэжэгужэу, хуэнэщхъыфIэу къаухъуреихьати, адрейм нэплъэгъуэ жагъуэрэ нэплъэгъуэ щIыIэрэ къажьэхидзащ. /Быть приветливым, радушным/.

ХъунщIэн – дыгъуэн [41] АтIэ хъунщIэн муради уимыIэу, дыгъуэнми упымылъу, а узыхыхьэ хамэхэм дауэ уакъыщыхъурэ. /Грабить-воровать/.

ХъунщIакIуэ – дыгъуэгъуакIуэ [222] Ар зыхуэдэ лIыгъэ щIыкIэри бжесIэнщ: хъунщIакIуэ-дыгъуакIуэ лIыгъэ щIыкIэщ. /Разбойник, грабитель, вор-расхититель/.

ЦIыхухъу – пщащэ [48] ЦIыхухъуи пщащи сатыр хъурейуэ иувыкIащ, хъейуэ пщIэнкъым, дия пэлъытэу зэхэтщ, Iэдэбу, бжьыфIэу. / /

Шынагъуэ – гумэщIэгъуэ [6] Псыжь мыдрыщI къихьэрэ адыгэм къахэсэу, шынагъуэ-гумэщIэгъуэ щамыгъащIэу лIэщIыгъуэбэр кърагъэкIуащ. /Страшный; страх, боязнь, опасность/.

Щауэ – щIалэ [21] Ерстэм къыгурыIуащ: мы щIалэр уэркъ лIакъуэ лъэрыхьхэм я щауэ гъэфIащ, ар зэрыхуэпамкIи нэрылъагъущ. /Юноша, парень/.

ЩыкIа – сэхъуа [245] ЩыкIа гуэрщ, сэхъуащ, хъаным къыкъуогушхукIри, адрейхэм нэ плъэгъуэ яриткъым, зэуапи къахокI. /Избалованный/.

ЩхьэкIуэ – гуауэ [169] Абы щыгугъыпIэ иIэми имыIэми, пщащэм игукIэ нэгъуэщIым зыхуишияуэ къыщIэкIми, абы щхьэкIуи гуауи щыхъункъым. /Плохая, печальная весть/.

ЩIэх – псынщIэ [231] ЗекIуэ гъуэгуанэм щыхабзэр нэхъ щIэх зэрыхъунщ, нэхъ псынщIэу узэрызэфIэкIынщ. ЩIалэми къыдэсэн хуейщ, и щхьэ хужиIэж хуэдэу, жиIащ Ерстэм. /Быстрый, скорый/.

ЩIалэщIэ – щауэ [217] и гъусэ щIалэщIэри а къздришэкI уэркъ щауэрауэ къысфIэщIащ. /Юноша, парень/.

ЩIыкIэ – гъэпсыкIэ [ ] Нэхъ благъэ къыщыхуэхъум, шум и щIыкIэ гъэпсыкIэр нэхъ IупщIу илъагъу хъуащ. /Манера; внешний вид/.

Iыхьлы – лыджанэ [106] Ауэ Iыхьлыи лыджани щымыгугъыжыну, сыт абы къехъулIэнкIэ хъуагъэнур. /Кровный родственник, родня по крови/.

Iыхьлы – благъэ [105] Лъэпкъи къыхэкIакъэ, Iыхьлыи благъи иIэкъэ, и закъуэу бий гъуэгу хэхуэн щхьэ хъуа. /Родственник/.

Ялыгъуэ – ялыпщI [137] Щыблэ мафIэр зэ къамышы псыгъуэщ, зэ блэшхуэ IуэнтIащ, зэми аркъэн зэблэдза зыкъещI, зэми жып къудамэшхуэщи чыпэ бжыгъэншэу зэбгрож – бгыщхьэм зыкъыхасэ, джабэрыуи зыкъыхуащ, ялыгъуэ-ялыпщI. //

ЯукIащ – хэкIуэдащ [76] Ирахужьэри зэзауэурэ, щы къиукIащ, езыр куэд ирамыгъэкIуу хэкIуэдащ. Абы тету хэкIуэдащ лажьэ зимыIэ щIалэр. /Убили, погиб/.

Антонимхэр

Антонимхэр – ар мыхьэнэ зэпэщIэуэ зиIэ псалъэхэращ. Урыс щIэныгъэлI итхауэ щытащ мыпхуэдэу: «Бзэм и псалъэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу щыткъым, атIэ гуп зэхуэмыдэурэ зэхэтщ, икIи а гупхэр къызэрыхагъэкIыр а псалъэхэр зэрызэщхьырщ, е мыхьэнэ зэпэщIэуэ зэраIэрщ». Ш. Балли къызэрилъытэмкIэ, антонимхэр бзэм хэтыныр епхащ цIыхум и хьэл-щэнми. Антонимхэр джын зэрыщIадзэрэ куэд дыдэ мыщIами мыбыхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр куэду щыIэщ. Антонимхэр сыт хуэдэ бзэми хэтщ. Антонимиер къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ синонимхэм, омонимхэм.

Адыгэбзэм и антонимхэр джыным япэ лъэбакъуэ зычауэ щытыр . Абы и лэжьыгъэхэм гъэщIэгъуэну антоним щIэ-жьы сыт хуэдэхэм нэмыщI къэпсэлъыкIэкIи зэтехуэ антонимхэр къызэрыхигъэкIыр. Псалъэм папщIэ пэ «начало - конец», къэрэндащыпэ «кончик карандаша»; псыпэ «начало потока». Мыпхуэдэхэм антонимкIэ йоджэ [218]. Антонимхэр зэхэгъэкIауэ щытщ я мыхьэнэкIи и зэхэтыкIэкIи (структурэ и лъэныкъуэкIэ).

Шагъыр Амин антонимхэр гупитIу зэщхьэщегъэкI:

1.  Зи псалъэпкъыр зэтемыхуэ антонимхэр: пэж – пцIы, ин – цIыкIу.

2.  Зи псалъэпкъыр зэтехуэ антонимхэр.

Дэтхэнэ бзэми хуэдэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэм антонимхэр нэхъыбэу хэтщ синонимхэм е омонимхэм нэхърэ. Синонимхэми хуэдэ дыдэу антонимхэм я бжыгъэр нэхъыбэу нэгъуэщIыбзэхэм къыхэкIахэщ. Псалъэм папщIэ: левэправэ, революцэ – контрреволюцэ. Революцэм и пэкIэ адыгэбзэм антоним зэхуэхъу псалъэ мащIэ дыдэщ хэтар урысыбзэм къыхэкIауэ. ЗэрытщIэщи, адыгэбзэм тхыбзэ иIэ щыхъуар революцэ нэужьыращ. Совет властыр ува иужькIэ, адыгэбзэхэм тхыбзэ иIэ хъуа иужькIэ адыгэбзэм псалъэ куэд къыхохьэ адыгэ псалъэхэм антоним яхуэхъуу. Псалъэм папщIэ: крупнэжьыгъей.

Художественнэ текстым щагъэзащIэ къалэн и лъэныкъуэкIэ убгъэдыхьэмэ, абыхэм тхыгъэм и бзэр нэхъ дахэ, нэхъ шэрыуэ ящI. ТхакIуэм дигъэлъагъуну зыхуейр нэхъ IупщIу, нэхъ наIуэу ди нэгу къыщIегъэувэ. КIэрашэм бгъэдэлъа художественнэ Iэзагъэшхуэм и щыхьэту «Шу закъуэ» романым антоним куэд дыдэ хыдолъагъуэ. ИкIи ахэр алфавиткIэ зэкIэлъыхьауэ илъабжьэкIэ къыщокIуэ.

АдрыщI – мыдрыщI [174] И нэр здынэплъысым адрыщIыр мывэ нэпкъ лъагэщ. МыдрыщI нэпкъым щхьэщыту псыщхьэмкIэ дригъэзеину триубыдащ. /Заречье; тот (берег) – этот (берег)/.

Адыги – мыадыги [76] ЦIыхугъэ яхэлъи хуэдэщ, яхэмылъи хуэдэщ, адыги хуэдэщ, мыадыгэу хамэ лъэпкъи хуэдэщ. /Адыг не адыг/.

Анэжь – адэжь [46] Уэ уахьри уашхри Iуэхутэкъым, Iуэхур уи анэжь-адэжьым уи сабийр дагъэкIуэнущи аращ, абыкIэ гущIэгъу яIэкъым лIакъуэлIэшхэм, зэхэдзи ящIыркъым. /Мать-отец/.

Бий – мыбий [22] КъыхуэзыузэнщIауэ къакIуэ Шур зыхуигъэдэнур ищIэркъым: бийщ жысIэнущи, бийм., и гъусэ лIыхъусэжьым къыфIэкIын лъэкIынукъым – и гъусэм и лIыгъэрэ и гуащIэрэ и дзыхь тетщ. Мыбийуэ гъусэ къыхуэхъуащ жиIэнути зыщыщыр ищIэркъым… /Враг – не враг/.

Бгъэдохьэ – бгъэдокI [83] Гуащэ мэхъаджэм темыплъэн щхьэкIэ ямыщIэн щыIэкъым. Ауэ унагъуэм и хьэтыркIэ бгъэдохьэ-бгъэдокI. /Подходить - отходить/.

Гува – щIэхами [100] Гува-щIэхами, хьэкIэкхъуэкIэм япэщIэхуэнущ. Сыт мыр зэгупсысыр, зыщыгугъыр сыт? /Рано или поздно/.

Гугъуехь – тыншыгъуэ, гуауэ – гуфIэгъуэ [136] Ар цIыхум и гъащIэ гугъум ирегъэщхьри ирогупсысэ – гугъуехьымрэ тыншыгъуэмрэ, гуауэмрэ гуфIэгъуэмрэ зэрызыпыщIари апхуэдэщ. /Трудность - легкость; горе-радость/.

ГуфIэгъуэ – нэщхъеягъуэ [68] Нысашэ гуфIэгъуэ дэнэ къэна, нэщхъеягъуэ зэрылъ унагъуэу уахоплъэ. /Радостное событие, торжество - горе/.

Гуапэ – мыгуапэ [176] Ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, гу лъетэ абыи, къызыIущIар и гуапэми и мыгуапэми къыхэщу илъагъуркъым. /Приятное – неприятное/.

Гуапэ – жагъуэ [52] Уэркъхэм арии зи гуапэ хъун къахэкIынкIи хъунщ, ауэ цIыхубэр нэ жагъуэкIэ къеплъынщ. /Приятный - противный/.

ГушыIэнуми – гуIэнуми [151] Иужьым нэхъ зыкъащIэжри гушыIэнуми гуIэнуми зытраубыдэнур ямыщIэу къызэщIэващ. /Шутить – горевать, печалиться/.

Гъыни – гуфIэни [193] И гъыни и гуфIэни щигъэтыркъым тхьэмыщкIэм. /Плакать - смеяться/.

Дахэ – Iей [5] Я бзылъхугъэ фащэ щыплъагъукIэ, нэрылъагъу къыпщохъу щыгъыным и дахи и Iеи зэхагъэкIыу зэрыщытар. /Красивый – не красивый/.

ДэкIыгъуэ задэм и хьэлъэ – егъэзыхыгъуэм и псынщIагъуэр [136] ДэкIыгъуэ задэм и хьэлъэм, егъэзыхыгъуэм и псынщIагъуэр къыкIэлъокIуэ. /1.Подъем ( дороги – склон, спуск; 2. тяжелый - легкий /.

Дэс – дэмыс [139] И фыз имыкIыж щIыкIэ езыр псэлъыхъу ежьэныр емыкIу хъункъэ? Суанди дэмыкIуауэ дэс – дэмыс, дэсми, къызэрыIущIэнур ищIэрэ. /Замужем – не замужем/.

Дэхын – дэмыхын [34] УеплъынкIэ хъуэпсэгъуэщ, - жиIащ Ерстэм, и гъуэгу дэхын-дэмыхынкIэ таучэл имыщIыщэу. /Выносить - не выносить/.

Дэлъху – шыпхъу [155] ИтIани икIуэтакъым, Суанд и дэлъхуитIым я шыпхъур ягъэкIуакъым. /Брат - сестра/.

Деша – демыша [252] Дэ деша – демышам зыри томыщIыхь, уэ жыпIэращ тIуми зытетщIыхьынур. /Устали – не устали/.

ДокI – дохьэ [231] Зэрыхабзэти, чэрыуэнакIуэ сэрейм цIыхур щызэрызохьэ – хэт докI, хэт дохьэ, зэхэвэзэхэжьэщ. /Выходят - заходят/.

ДытIыс – дытэджу [148] Сэри куэд щIауэ сощIэ ар зэрыхьилашыр, дытIыс –дытэджу куэдрэ дызэдэуащ. Къаплу щатым нэхъыбэ къызимытын мурад иIэщ. /Садясь - вставая/.

Делэ – губзыгъэ [39] ЦIыху губзыгъэщ, бзэджагъэми хуэIэзэщ. ЛъхукъуэлIыр игъапцIэу зыхуигъэIурыщIэным пылъщ. ЛъхукъуэлIыр и адэрщ, армыхъу мыдрей пщы щIалэр делэ гуэрщ. /Глупый - умный/.

Е – фIы [102] Сыт атIэ игу къыхуилъыр? Сыт хуэдэ Iуэху къыхуиIэр? Е игу илъ, фIы игу илъ? /Плохое - хорошее/.

ЕмыкIу – екIугъэ [92] ЦIыхум щахэтми емыкIу – екIугъэм, хабзэ ткIийм, губгъэн фIэлIыкIым я аркъэн и пщэ щидзащи зы лъэбакъуэ дэхын хуимыту мэзекIуэ. /Неприличное, непристойное – приличие, приличный/.

ЕтIысэхащ – къэтэджыжащ [109] Къэхъунум пэплъэу етIысэха щхьэкIэ игу мызагъэу къэтэджыжащ. /Сесть - встать/.

Жьыми – щIэми [80] Жьыми щIэми, уэркъ здэщысым лъхукъуэлI щытIысыну хуиткъым. /И стар и млад; бук. и старые и новые/.

ЖыжьэкIи – благъэкIи [107] Ерстэм къэувыIэри зэпхыдэIукIащ, ауэ жыжьэкIи благъэкIи зыри щызэхихыжакъым. /Дальний - близкий/.

ЗылъэкIри – зылъэмыкIри [5] ЗылъэкIри зылъэмыкIри зэхуэдэщ абыкIэ – лей зыхэмылъ лIы фащэт я хабзэр. /Богатые и бедные/.

ЗэIэпах – зэIэпалъхьэу [136] Бгы кIуэцIым апхуэдэ щIыпIэхэри бгыщхьэ лъагэхэм макъхэр япхъуатэ, зэIэпах - зэIапалъхьэу, зы тIуащIэ зэвыпIэм дахмэ, адрей тIуащIэм дахьэурэ джэрпэджэж бжыгъэншэу зэлъыпыту зэрахьэ, тIуащIэ жыжьэ гуэрым дэкIуэдэжыху. /Передавать что-либо из рук в руки/.

ЗышыIэн – къыщиудын [38] ЗэкIэ зызошыIэ, къапызокIухь, ауэ сыкъыщиудынкIэ сошынэ. /Проявить выдержку, сдержаться – не выдержать, взорваться/.

Зыт – зыIах [32] Ауэ зытри зыIахри зейращ, зымейр аракъым. /Дающий - берущий/.

Идэн – имыдэн [51] ЦIыхухэм гу лъамытэу къэнэнт пщым щIопщ зэриIыгъым: джэгуакIуэм ар идэнрэ имыдэнрэ поплъэ. /Разрешит – не разрешит/.

ИIэрэ – имыIэрэ [106] Иджы япэу щыIущIэ шыпхъу иIэрэ имыIэрэ еупщIынкIэ игу ирилъхьащ, ауэ ар къызэрыригъэкIуэкIынур къыхуэщIэркъым: зыщыщи зи цIи зыущэхум абыкIэ дауэ уеупщIын. /Имеет – не имеет/.

Ижь – сэмэгу [20] Iэблэ сэмэгум къыщыкIэлъыIэбэм, Ерстэм и Iэ ижьыр къыIэщIихыжащ, пхъуэри щIалэжьыми Iэпщэр зыIэщIигъэхьащ. /Правый - левый/.

Ини – цIыкIуи [14] я нэхъ мэз дыджым къыщIэж псы ини псы цIыкIуи мывэ хьэкхъуафэм ирижэм хуэдэщ, ящIэр мывэкIэ пкIащ. /Маленькие – большие; от мала до велика/.

Къатрихащ – трахыжащ [42] … а пащтыхьыр тыркум езауэри Азакъ къалэр къатрихащ. Ауэ илъэс пщыкIубл хуэдиз нэхъ хуэмыIыгъауэ, Тыркум трахыжащ. /Забрать - отбирать/.

Къэхутэн – бзэхыжын [101] «Къызэрыхутам хуэдэщ и бзэхыжыкIэри, жин Iуэху хэлъу зэрыжаIэр пэжынущ, - жери Ерстэм зыкъиIэтыжащ. /Появиться - исчезнуть/.

Къимыхуагъэххэ – къихуа [100] И былым къимыхуагъэххэми къихуауэ теIукIащ, ар къыхуагъэгъункъым. /Пригнавший – не пригнавший/.

Къырадзэрэ – кърамыдзэрэ [85] «Кърадзэрэ кърамыдзэрэ езгъэлъагъункъэ», - губжьыр къыфIыдэшэсейуэ, и лъыр къэплъу жэщыр игъэкIуащ. /Не принимать во внимание/.

Къыздришэжьами – къыздримышэжьами [163] Абы и унагъуэ къыздришэжьами къыздримышэжьами, уэ сыткIэ къохьэлIа – къызгурыIуэркъым! / /

Къыхэж – хэлъэдэжу [146] Аргуэру тIэкIу докIри, а шум и пэ нэгъуэщI зы фIыцIагъэ цIыкIу къохуэ, удзым къыхэж-хэлъэдэжу. /Выбегать - забегать/.

Къыдэхъу – къыдэмыхъуми [167] Апхуэдэ цIыху фIэкIуэдауэ, лIыгъэрэ цIыхугъэрэ зыкъуэлъ щIалэр пхущысынт, къыдэхъу – къыдэмыхъуми мы дунейр зэпригъэзыху лъыхъуэнт. /Удасться не удасться/.

КъыфIэщ къудей – IупщI [108] Иджы къыфIэщI къудейуэ щыткъым – IупщIу зэхихащ гъэхъунэм и адрей пакIэмкIэ – гъуэгужьымкIэ къызэриIукIар. /Только кажущийся – ясный, отчетливый/.

КъуэкIыпIэ – къухьэпIэ [41] АтIэ, Ерстэм, уэ зэхэзекIуэм уащыщщ, ди уэркъхэр здынэсам ущхьэдэхынкIи мэхъу, дауэ къыпщыхъурэ абыхэм дызрагъэдаIуэр. КъуэкIыпIэмрэ къухьэпIэмрэ дунейр дауэ щыт, сыт щагъахъэхэр. /Восток - Запад/.

Куэдрэ – мащIэрэ [60] Сытми куэдрэ пылъа, мащIэрэ пылъа, и щхьэусыгъуэр къихутэн лъэкIащ. /Мало - много/.

Кууагъ – чэнжагъ [14] Апхуэдэкъым абэзэхэм япсэхэр, укъагъэпцIэнукъым: я кууагъи я чэнжагъи зэрыплъагъущ. /Глубоко – не глубоко/.

ЛIы - фыз [121] ЛIыр къыщихьэжым, фызым и щхьэр къиIэтри мобы къыжриIэнум пэплъэу уващ. /Мужчина - женщина/.

МакIуэ – къокIуэж [36] Нэхъыбэу илъагъур цIыхубзщ, псыхьэ макIуэ къокIыж, матэхэр шыуанхэр зэрахьэ. /Идет туда – возвращается обратно/.

Махуэмрэ – жэщымрэ [145] Махуэмрэ жэщымрэ Елбыдз псыхъуэ щрахащ. Пщэдджыжьым, псым и куупIэр къагъуэтри шыр ягъэпскIащ, шэджагъуэм нэсыну траухуэри ежьэжащ. /День - ночь/.

Мыхъун – захуэ [32] Мы мэлыхъуэм жиIэм мыхъуну сыт хэфлъагъуэр? Сэри зэхэсхащи, жиIэри сфIэзахуэщ. /Несправедливый, неверный – справедливый, верный/.

МащIэ – нэхъыбэ [26] Мэкъушэ кIуэри мащIэкъым, ауэ нэхъыбэр цIыхубз зэрыс выгущ. /Мало, незначительно - больше/.

Нэщхъыдзэ – нэшхуэгушхуэ [44] Куэбжэм щрихьэлIам нэщхъыдзэу зыIуплъа щIалэр нэшхуэгушхуэ гуэру къыщIэкIащ. /Имеющий колючий взгляд, злобно – просто, без принужденности/.

Нэхъыжь – нэхъыщIэ [66] Благъэ ищIам я щIалэ нэхъыжьыр здегъэшэсри хъунщIакIуэ зэдожьэ. ЩIалэ нэхъыщIэри щыздрашажьэ къохъу, лIыгъэщIапIэ узошэ жери. /Старший - младший/.

Пщащэ – щIалэ [34] Мыр нэхъ дэгъуэщ, мыр нэхъ дахэщ жыхуаIэ пщащэр и закъуэ къагъафэ, итIанэ зыхуей щIалэр къыдешри абыи къыдофэ. /Девушка - юноша/.

Пылъхьэн – пыхын [9] Пщы жыхуаIэр илъагъуну къыхуихуакъым япэрей кIуэгъуэм, ауэ уэркъхэр дэни къыщыIущIэ зэпытт: ахэри цIыхум яхуэдэт, уэркъ хабзэ ткIийр яхэлът, я лIыгъэ-бжьыфIагъэкIи, я цIыху теплъэкIи пыплъхьэни-пыпхыни умыгъуэтыну апхуэдэт. /Положить, что-либо присоединяя к концу – снять что-либо с конца/.

Пшэр – къуэгъу [245] Зэми бзылъхугъэ къуапцIэ, итIанэ бзылъхугъэ сырыху, зэми пшэр, зэми къуэгъу. /Худощавый - полный/.

СрихьэлIэжыни – сримыхьэлIэжыни [235] Ди анэм къыхуэсщэхунщ, иужькIэ срихьэлIэжыни – сримыхьэлIэжыни. /Встречусь – не встречусь/.

Си япэ – си ужь [22] Си япэ ниувэ. Уэ, щIалэхъу, си ужьыр Iыгъ, - жриIащ щIалэ цIыкIум. /Впереди (меня) – позади (меня)/.

Сызахуи – сыкъуанши [247] СыриунэIутти и хьрам щIэс бзылъхугъэ гуэркIэ шэч къысхуищIри – ар къызищIащ – сызахуи – сыкъуанши зэхигъэкIыну пылъакъым. /Невиновный - виновный/.

Техуэн – блэукIын [60] Сыт хуэдизу елIалIэу иримыгъэпщами, къызыхэкIыр имыщIэу, зэм техуэрт, зэм блэукIырт. /Попасть - промахнуться/.

Тафэ – бгыщхьэ [144] Гъэмахуэм и хуабэр тафэм щыгуащIэщ, бгыщхьэм щыхуэдэкъым. /Горная вершина - равнина/.

Техьэ – текI [14] Дыгъэр къыкъуэкIын и пэ уафэ джабэм пшэ техьэ – текIыр щызоуэ, мафIэ бзий зэмыфэгъубэр щызэщIонэ. /Взойти - сойти/.

Уэркъ – пщылI [32] Уэркъ и пщылI зэрыдекIуэкIынумкIэ хуитщ, езыращ хуитыр, хамэр хуиткъым. / /.

Уи лажьэрэ – уи мылажьэрэ [160] Уи лажьэрэ уи мылажьэрэ хабзэкIэ зэхагъэкIыным пылъын уи гугъэ ахэр? /Твоя вина – не твоя вина/.

ФIэдахи – фIэмыдахи [78] Хамэ хэку щихьэкIэ, лъэпкъ Iэджэм я уэрэди зэхех, абы фIэдахи фIэмыдахи къахокI. /Красивый – не красивый/.

ФIыцIабзэ – хужьыбзэ [238] Псом хуэдэжкъым цеипхъэр – куэдыкIейщ, зэмыфэгъу защIэу: фIыцIабзэу, гъуабжафэу, хужьыбзэу, щхъуантIафэу. /Совершенно черный – совершенно белый/.

Хохьэ – хокIыж [97] Шы лъэужьыр мэзым хохьэ-къыхокIыж, абы игу лъитащ. /Заходят - выходят/.

ХыхьэпIэ – хэкIыпIэ [105] Мэзым хыхьэпIэрэ хэкIыпIэу иIэу хъуари зэригъэщIащ. Езым фIэкI зыщымыгъуазэ лъагъуэ щэхухэри иIэн хуейщ. /Войти - выйти/.

ХьэщIэ – хэгъэрей [40] ХьэщIэмрэ хэгъэрейхэмрэ зыхуэсакъыжу, зэхущIэплъу, заулрэ щысащ, псалъэ закъуэтIакъуэ зэпадзыж фIэкI абы къыфIамыгъэкIыу. /Гость - знакомый/.

Хуэныкъуэ – хуэмыныкъуэми [246] Хуэныкъуэ – хуэмыныкъуэми, хъаным и унэм бзылъхугъэ ибзэхыкIмэ, си щхьэр палъагъэххэщ. /Нуждается – не нуждается/.

Хъуни – мыхъуни [64] Хъыбару зэхэпхым уи фIэщ хъуни, мыхъуни къахокI. /Поверить – не поверить/.

ЦIыхухъу –цIыхубз [184] ЦIыхухъум хуэдэкъым цIыхубзыр, гъэрыпIэ ихуамэ кIуэдащ. /Мужчина - женщина/.

Уае –уэфI [137] Къущхьэхъу тесхэм Уэщтэн уае – уэфI нэщэнэу яIэщ.

/Холод, стужа - погожий/.

Шурэ – лъэсрэ [61] Шу еIэбыхи, уанэгум иувэни, шурэ лъэсрэ зэбгъэрыкIуэни куэд къагъэлъэгъуащ. /Пеший - всадник/.

Щыгугъ – щымыгугъыу [142] Шу закъуэр къэлъэгъуэным щыгугъ – щымыгугъыу Ерстэм куэдрэ щысащ. /Надеясь – не надеясь/.

Щабагъ – быдагъ [222] ЛIыхъужьыгъи, бланагъи, гулъыти зэхэщIыкIи, гу щабагъи, гу быдагъи – цIыхум фIыуэ хэлъыр наIуэ къыщыхъур лIыгъэрщ. /Твердость - мягкость/.

Щызэхохьэ – щызэхокI [142] Лъагъуэ щэху куэд щызэхохьэ-щызэхокI мэзым, шы лъэужьхэри тыболъагъуэ – лъагъуэ лъагэхэм – шу зэрыщызекIуам и нэщэнэ хьэзырщ. /Сходится - расходится/.

ЩтапIэ – хъуэпсапIэ [9] Ахэр и щтапIэу икIи хъуэпсапIэу, и сабий гуращэм хэмыкIыу, къэтэджащ Ерстэм. /Предмет мечты/.

Из за большого объема этот материал размещен на нескольких страницах:
1 2 3 4