нэр къызэрыхуикI [30] КIэмыргуей хэкум хьэлэбэлыкъ щыхэхуэнкIэ и нэр къызэрыхуикI щыIэкъым. /Не испытывает сильного желания, стремление к чему-либо/.
нэкIэ шхын [50] Иужьым, и щхьэщыукIытэжри, джэгум хэплъэ хуэдэу зищIащ, «мы пщащэ цIыкIур нэкIэ щхьэ сшхырэ?» жыхуиIэу. /Есть, пожирать глазами/.
нэм къиубыдын [93] Бгыщхьэм, нэм къиубыд къудейуэ, къуршыбгъэхэр щызоуэ. Бгы лъапэхэм, хы щхъуантIэ щIыкIэу уфафэу пшэ гуэрэнхэр телъщ. /Заметить кого-что-либо/.
нэр техуэн [36] Аурэ здэкIуэм и нэр щIалэ гуэрым тохуэ. ЩIалэр пхъэ зэфIэбдзэ куэбжэм къыIуувауэ хоплъэ. /Заметить кого-либо; букв. попасть глазами/.
нэ щIыIэкIэ еплъри [119] Нэ щIыIэкIэ еплъри фызым жиIащ: «Къэзгъэзэжмэ, къызэпха щхьэкIуэм и унафэр тщIынщ. /Взглянуть холодными глазами/.
нэр пIэпех [135] ТIэкIу дэкIри, дыгъэ бзий уэрыр хъупIэми къытрикIащ, удз щхъуантIэр хышхуэ пэлъытэщи мэуфафэ, гъэгъа зэмыфэгъухэмкIэ, зэщIэлыдэу алэрыбгъу щIэращIэм хуэдэщи, нэр пIэпех. /букв. отнимает глаза/.
нэгум къыщIыхьэжын [78] ЩызэхищIэкIи и нэгу къыщIохьэж и сабиигъуэм щыщIэдзауэ къигъэщIауэ хъуар, и нэгу щIокIыж а псор. /Встать перед глазами/.
нэгум щIэкIын [11] И нэгу щIэкIар, псысэм зэрыхуэдэщи, пшагъуэ гуэрэным фIыхелъэсэж, хъыбарущ игу къызэригъэкIыжыр. /Видеть, быть свидетелем чего-либо/.
нэгъуэщIынэкIэ еплъын [136] ЩещакIуэм зэрилъэгъуам хуэмыдэу, Ерстэм абы нэгъуэщIынэкIэ йоплъ иджы. /Взглянуть на кого-либо другими глазами/.
пэр щIым щыхуэн [25] «Еблагъэ» бжесIэнущи иджыри къэс сигу къэкIыжакъым. Ар къищIэмэ, ди адэм си пэр щIым схущихуэнщ. /букв. тереть нос о землю; показать где раки зимуют/.
псэм дыхьэн [11] НэIуасэ къыхуэхъу цIыхухэри и псэм дыхьэркъым, зэрицIыхуам фIигъэкIыркъым, илъагъумэ – и жагъуэкъым, имылъагъукIи игу къэкIыркъым. /Почувствовать что-либо всей душой/.
псэм ищIат [87] А гуащэ темэм зы мыгъуагъэ къазэрыхуихьынур си псэм ищIат. /Почувствовать душой/.
псэр хэхын [26] ЛIыгъэ хэлъкъым жыпIэ хъунукъым. И псэр хэпхами къэдзыхэнукъым. Ауэ и лIыгъэ сыт хуэдэ мурадым хуэщIа? /Умертвить, нагнать страху/.
псы щIыIэ дэжащ я кум [81] Псы щIыIэ дэжащ я кум: унагъуэми я щIасэкъым, блащхъуэ шыхьам хуэдэу щощтэ, езыри къащомэхъашэ, фIэдахэ илъагъуркъым, псоми защедзей. /Между ними холодная вода пробежала/.
[и] плIэм доху [135] Абы ущыхэплъэкIэ, гущтэ гупсысэхэри уи плIэм доху, уи нэр тедиящи, къыпхутечыжыркъым. /Гора с плеч; букв. падает что-либо с плеч/.
пщэм дэлъын [237] Дэ зыхэдгъэкIуадэкIэ, абы и фIыгъэ Суанд екIыну? Ди пщэ дэлъыр нэгъуэщIщ, ди щхьи псэууэ Суанди къыдэтхыжынырщ. /Лежать у кого-либо на шее/.
пщэм дэсын [ ] ИтIани, егъэувыр я хабзэу, щыкIауэ уэркъыр я пщэ дагъэсщ. /Сидеть на шее у кого-либо/.
пIэм ижыхьын [22] Адрейр къэхъуари ищIэнури имыщIэу, и пIэм ижыхьауэ щIалэ цIыкIури и шыплIэм зэрыдэубыдауэ, нэр къытедияуэ къоплъри щытщ. /Застыть на месте как вкопанный/.
сабэр дэпхъеин [85] «… унагъуэ тэмэм тешэрыпIэу срамыгъэтIысхьэфынумэ, ди унэ сыкIуэжынущ!» - жиIэри сабэр дрипхъейуэ къэуващ. /Рвать иметать; букв. в небо швырять пыль/.
фIыншэ щIилъхьауэ поплъэ [271] Шу закъуэр къыздекIуэлIэжыр къищIащ иджы. ФIыншэ щIилъхьауэ поплъэ адэкIэ илъагъунум. /Истомиться от длительного ожидания/.
хьитIым я кум къыдэкIа [31] ЛIы хьитIым я кум къыдэкIам я жьэ къихь къыджаIэу куэдрэ къыдбгъэдэтыну.
шэуэ техуэн [265] ГушыIэ бэлэрыгъа иридзауэ къыщыхъуу, ар пщащэм игу шэуэ техуауэ къыфIэщIащ Ерстэм. /Поразить, убить словом/.
щхьэм дэуеин [175] ПщIэншэрыкIуэ зэрыхъуар и щхьэм дэуеижауэ, Ерстэм архъуанэм хэплъэу заулрэ зыщиIэжьащ абдежым. /Ударить в голову; огорчиться, разволноваться/.
щхьэ течауэ [118] Унагъуэм къыщыхъуамкIэ щхьэ течауэ зэупщI хъунур шынэхъыжьитIырати, тIури дэмысу къыщIэкIащ. /Вывести на чистую воду; откровенно/.
[и] щхьэ зэрыхьщ [101] И ужь зрихуэну хуиIуэхур сыт, къызэрыпылъи зэрыпылъыжи щыIэкъым, и щхьэ зэрыхьщ. /Пропади пропадом/.
Iэр зэтедзауэ щысын [157] АтIэ, сыт фигу илъыр, фи IитI зэтедзауэ фыщысурэ зыкъевгъэшхынущ яжесIащ. /Сидеть сложа руки/.
[и] Iэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ [131] И унагъуэ щхьэхуэу, и закъуэу псэуну щIы бжесIэнути, арии хъунукъым – цIыху хуэдэу и Iэщхьэлъащхьэ дэхьеяуэ, уи унагъуэ зезыхьэн фыз пхуэхъунукъым. /Засучив рукава/.
Iуэху джэгукъым [81] Апхуэдизым, гукъанэ къыхэмыкIыу, гуащэм удекIуэкIыныр, ар арэзы пщIныр Iуэху джэгукъым. /Не шутки/.
Псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр
Дунейм зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынукъым езым къигъэщIыжа псалъэжьхэр куэд дыдэу имыIэу, сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ зы лъэпкъми иIэщ езым и тхыдэрэ и хабзэрэ. ИкIи адыгэбзэри, адыгэ лъэпкъри апхуэдэ дыдэщ. Адыгэ псалъэжьхэм лъэпкъым и гупсысэкIэр, и дуней тетыкIэр хэтлъагъуэу щытщ. Псалъэжьхэр – ар ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къадэгъуэгурыкIуэ Iущыгъэщ. Псалъэжьхэр IуэрыIуатэм и адрей жанрхэм зыкъомкIэ къащхьэщыкIыу щытщ: мыхэр цIыхум и нэгу щIэкIа, гурэ псэкIэ зэхищIа, лIэщIыгъуэкIэрэ зыкIэлъыплъа Iуэхугъуэ гуэрым епхащ. Псалъэжьхэр бзэм и гъусэу, къыгуэхыпIэ имыIэу абы епхауэ щытщ. Аращ ар адрей жанрхэм нэхърэ нэхъыбэрэ цIыхум къагъэсэбэпу щIыщытыр, нэхъ куэдым щIащIэр.
Псалъэжьхэр зыгъэдахэр, шэрыуэ зыщIыр абыхэм ящIэлъ макъамэрщ. Ахэр Iупщщ, нахуэщ, цIыхум псынщIэу игу иреубыдэф.
Псалъэжьхэм махуэ къэс гъащIэм дызщрихьэлIэ Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ, куэдым ехьэлIа мэхъу. Иныкъуэ псалъэжьхэм зи гугъу ящIыр наIуэу нэгъэсауэ къаIуатэ (Уи япэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ). Мыбыхэм и япэ Iыхьэм къишэр етIуанэм къеIуатэ. Адрей псалъэжьхэр зы Iыхьэу, зы псалъащхьэу къокIуэ. (Ажэ цIыкIу бжьакъуэшхуэ; Гъатхэпэ уэгъурэ бадзэуэгъуэ уэлбанэрэ). Псалъэжьхэр пыджэу, зыжраIэм игу хагъащIэу щыткъым, атIэ, гуапэу иущийуэ, языныкъуэхэми гушыIэ хэлъу ехъурджауэ щIыкIэу, бзэ дахэкIэ, щабэкIэ къыбгурегъаIуэ.
Псалъэжьхэр гуп-гупу бгуэшыну гугъущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, япэрауэ, ахэр икъукIэ куэд дыдэ мэхъу, етIуанэрауэ, ахэр зытемыпсэлъыхь, абыхэм къызэщIамыубыдэ Iуэхугъуэ куэд щыIэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, мыхэр зыщхьэщыбгъэкI хъунущ мыпхуэдэу:
1. Лэжьыгъэм ехьэлIахэр: Лэжьыгъэм хэзагъэри щIэныгъэми хозагъэ; Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ; Дыщэр дыщэ зыщIыр пщIантIэпсщ.
2. ЦIыхум и дуней еплъыкIэкъэзыгъэлъагъуэхэр: Уигу ирихьыр фIыщ, фIыуэ плъагъур дахэщ; Псынэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ; Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуаIэщ.
3. Хабзэм, нэмысым ехьэлIахэр: Псэр щэи напэ къэщэху; Япэ джэлам ущIэмынакIэ; ЦIыхум и цIэр езым зыфIещыж.
4. Гъэсэныгъэм, сабий пIыным ехьэлIахэр: Акъылым уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гунэ иIэкъым; Уи ин жеIэ уи цIыкIу гъэдаIуэ; Фащэм я нэхъ дахэр укIытэщ.
5. ЦIыхум я хьэлIщэнхэр, я зыхущытыкIэр къэзыгъэлъагъуэхэр: Акъыл кIэщIыр бзэгу кIыхьщ; Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ; ГушыIэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэр.
6. Бзылъхугъэм ехьэлIахэр: Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ мылъку хъункъым; Насыпыр фызым къыдокIуэр; Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
7. ХьэщIэным, хьэщIагъэм ехьэлIахэр: ХьэщIэ лей щыIэкъым.
8. Щхьэхыныгъэм, хуэмыхуагъэм ехьэлIахэр: Арму и унэ лъэбышэщ; Щхьэхынэм и махуэ кIыхьщ; Мыдэф и Iуданэ кIыхьщ.
9. Гъэм и зэманым теухуахэр: Гъатхэ уафэ гъуанэщ.
Адэк1э къэтхьынщ «Шу закъуэм» къыхэдгъуэта псалъэжьхэр, алфавитк1э зэк1элъыхьауэ, дыщрихьэл1э напэк1уэц1ыр къэгъэлъэгъуауэ.
Блэ зэуар аркъэным щощтэ [17] // Ужаленный змеей аркана боится. Иужьым, игу зэбгъэжауэ, Ерстэм пыдыхьэшхыкIащ: «Блэ зэуар аркъэным щощтэ» жыхуаIэращ.
(и)гу илъыр и бзэгупэм телъщ [162] // Что на сердце, то и на языке.
Гугъэрэ щэхурэ зимыIэ щыIэкъым [162] // У каждого есть надежда и своя тайна. ЗэрыхъумкIэ, Батым игу илъымрэ и щэхумрэ Ерстэм хищIыкI щыIэкъым иджыри. Игу илъыр и бзэгупэм телъщ жыхуаIэм хуэдэу къыщыхъуа щхьэкIэ, ар нэхъ зэкъуэущIэ хъуауэ къыщIокIри: «Аращ щIыжаIэр: гугъэрэ щэхурэ зимыIэ щыIэкъым».
Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуач [214] // Сердце к сердцу тропу прокладывает; Сердце сердцу весть подает. Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуач зэрыжаIэу щIалэ гу къабзитIым ягу зэуэ зызэхуашииным гъэщIэгъуэнышхуи хэлъкъым.
Дунейр хьэхущ [206] // Жизнь не вечна. Дунейр хьэхущ, жиIащ адыгэм гупсысэри. А гупсысэм и цыпэ цIыкIу къыхэуа хуэдэщ Ерстэм и гум.
Джатэ и щIагъ нанэ щыIэкъым [21] // Под мечом мама не сидит; Если меч обнажен, то шутки в сторону. Зыгуэр жиIэным пэплъэу, Ерстэм щIалэжь пхам заулкIэ щхьэщытащ, ахъи быхъи жиIакъым, къеплъыхакъым «Бзаджэми, лIыгъэншэкъым», - жиIащ игукIэ Ерстэм – Джатэ и щIагъ нанэ зэрыщымыIэм щыгъуазэщ.
Е улIэн, е улIын [16] // Или умереть, или быть мужчиной. «Дгъащтэри гъуэгум дэдгъэхащ жаIэрэ сызыцIыху гуэрым жылэм хъыбар гуэр яхигъаIуэмэ… ар ныбжь хъунщ. Делагъэми Iущагъэми си цIэ апхуэдэу Iу нэхърэ, сахьми сашхми нэхъыфIщ. «Е улIэн, е улIын» щIыжаIэр нобэ хуэдэ зы махуэщ.
Жьы хъур жейнэдщ [70] // Пожилые люди любят спать. КъинэмыщIауи, жьы хъур жейнэдщ жиIакъэ, жейм сыхилъафэрэ хьэщIэр сымылъагъуу ежьэжмэ, жысIэри абыи сегупсысащ.
Зи щэху къыпщызыбзыщIым уемыупщI [178] // Не спрашивай того, кто скрывает от тебя свои секреты. – КIуэ, уи Iуэхурэ уи щэхурэ сыщыбгъэгъуэзэну ухуейкъыми, сыноупщIыркъым, - зи щэху къыпщызыбзыщIым уемыупщI жиIащ пасэрейм. ИтIани, гъусэрэ дэIэпыкъуэгъурэ ухуэныкъуэмэ къызжеIэ – гъуси дэIэпыкъуэгъуи сыпхуэхъунщ, - жиIащ Ерстэм, игу зэрыхухэщIыр къыфIыхэщу.
Зи мылъку ядыгъуарэ зи щэху яIуэтарэ дзыхьмыщI мэхъу [179] // Тот, кого обворовали, и чьи секреты раскрыли, становится недоверчивым. Ауэ, зи мылъку ядыгъуарэ зи щэху яIуэтарэ дзыхьмыщI мэхъу жаIэ, си бийм си щэху зыгуэркIэ къащIэрэ лей къызахмэ, шэч зыхуэсщIынум ящыщ ухъуну сыхуейкъым.
ЗэмыщхьитI зэрихьэлIэкъым [168] // Два сапога пара. ЯгукIэ зэхуэарэзыуэ, Iуэхур мопхуэдэу щыхъум зэрыгъуэтыжарэ Суанд и Iыхьлыхэм ялъ ищIэжын мурадкIэ къежьагъэн хуей хъуамэ… Ари пщIэнукъым, я щIыкIэкIи я гу къабзагъэкIи зэхуэфащэщ. Пасэрейм жиIакъэ зэмыщхьитI зэрихьэлIэркъым.
Иныр зэрыплъэр цIыкIум я пщIыхьщ [9] // Взгляды взрослых формируются в детстве. Иныр зэрыплъэр цIыкIум и пщIыхьщ зэрыжаIэу Ерстэм и цIыкIугъуэм щыублауэ, и гу пщымрэ уэркъымрэ яхуэплъу къэтэджащ.
Къыпхуеблагъэ тхьэмыщкIагъэр псэм зэхещIэ [157] // Душа чувствует приближение беды. Къыпхуеблагъэ тхьэмыщкIагъэр псэм зэхещIэ жыхуаIэращ – Суанд игъуэу …. къыщIэкIащ.
Къэрабгъэм Iэджи къыфIэщIынущ [97] // Трусу многое может показаться. Иужьым, «къэрабгъэм Iэджи къыфIэщIынщ» - жиIэри … , абы и гумэщIи хэкIыжащ.
Лъагъуныгъэм иубыдар дзыхьмыщIщ [140] // Влюбившийся человек становится недоверчив. Лъагъуныгъэм иубыдар дзыхьмыщIщ, къэрабгъэщ жыхуаIэращи, Ерстэм зытриубыдэнур имыщIэу и щхьэм куэдрэ ечэнджэщыжащ.
ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ [44] // Храбрость и ум украшают человека. ЛIыгъэмрэ акъылымрэ цIыхур егъэдахэ – аращ Батыми: гушыIэ делэ зыутIыпщым ящыщкъым дыхьэшхырейуи плъагъуркъым.
Мэз бжэным езыгъапщэу мыщэ къэзыукIа [60] // Целился на козу, а убил медведя. Мэз бжэным езыгъапщэу мыщэ къэзыукIам ещхь сыхъуащ. апхуэдэу сышэрыуэу сщIакъым, ар зи фIыщIэр уэращ, ди хьэщIэ, уи насыпым къихьащ – пыгуфIыкIыу къыбгъэдыхьэжащ Батым и хьэщIэм.
Мазэрэ мазэхэрэ уи щэху щыжомыIэ [43] // Лунной и безлунной ночью не раскрывай свои секреты. Мазэрэ мазэхэрэ уи щэху щыжомыIэ жаIэу щытащ, щэху псори хьэщIэщым щаIуатэу къэгъуэгурыкIуащ.
ПащIэр мэгувэ [250] // Тот, кто торопиться, всегда задерживается. ПIащIэр мэгувэ жыхуаIэм хуэдэу, куэд дыдэрэ пэплъауэ къыщыхъуащ лIитIым.
УмыувыIэмэ, къиувыкI уIущIэнщ [267] // Не перегибай палку, иначе пожалеешь. УмыувыIэмэ, къиувыкI уIущIэнщ жыхуаIэр аращ. МыувыIэмэ унагъуэм къина щIалэ закъуэри кIуэдынкIэ шынагъуэщ.
ФIэкIыпIэ гуэр зимыIэ щыIэкъым [270] // Безвыходных ситуаций нет. Псы ябгэр пэжщ, ау эфIэкIыпIэ гуэр зимыIэ щыIэкъым, абыи фIэкIыпIэ гуэр иIэ хъунщ, - жиIэри батым къызэрыфIэIуэхуаи щымыIэу архъуанэм хуиIуэнтIащ.
ФIыуэ зылъагъум зигъэгусэрейщ [265] // Влюбленный человек обидчив. Уигу къызумыгъабгъэ, сыгушыIауэ аращ, псори къызгуроIуэ, тIэкIу зызгъэгусари пэжщ. ЦIыхум жаIэркъэ фIыуэ зылъагъум зигъэгусэрейщ.
Хьэдэм узу хэлъыр хокIыж [115] // Мертвые избавляются от всех мучений и наказаний. Хьэдэм узу хэлъыр хокIыж зэрыжаIэм хуэдэщи, бзаджэу къуэлъари хуогъуж – и псэкIэ ипшыныжауэ мэхъу.
ЦIыхум и гурыщхъуэ и пэ иту макIуэ [15] // Сомнение человека идет впереди него. ЦIыхум и гурыщхъуэ и пэ иту макIуэ: зыхуэблагъэ мэз гуэрэным шынагъуэ гуэр къыщыпэплъэу къыщохъу Ерстэм.
ЦIыхуищым зэдащIэмэ щэху щыIэжкъым [179] // Если известно трем людям, то это уже не тайна. ЦIыхуищым зэдащIэмэ щэху щыIэжкъым. Щэхур Iуэта хъумэ, абы щыгъуазэ псори шэч щIыпIэ зэрыхъури сощIэ.
ЦIыхум къыбдимылъагъуну шхыни, фащи, благъи сыту пщIын [48] // На что одежда, еда и родственники, если их не увидят люди. «ЦIыху зыщумылъагъужынум тхьэм уихь!» - жиIэмэ, адыгэм нэхъ гыбзэ бзаджэ дыдэу илъытэу къэгъуэгурыкIуащ. «ЦIыхум къыбдимылъагъуну шхыни, фащи, благъи сыту пщIын!» - жеIэ адыгэм. ЦIыхум къыхужаIэнумрэ къыхуаусынумрэ нэхъ зыфIэлIыкI адыгэм иIакъым.
Ещанэ Iыхьэ.
ЩыIэцIэ унейхэм текстым щаубыд увыпIэр.
Антропонимхэр
Антропоним псалъэр грекыбзэм къыхэкIащ, IыхьитIу зэхэтщ (antropos – «человек», onoma «имя»). Антропонимхэр – ар цIыхум и цIэ и унэцIэ, цIэлейхэр къизыIуэ псалъэхэщ.
ЦIыхум и цIэр, шэч хэмылъу, епхащ лъэпкъым и тхыдэм, и бзэм. Дэтхэнэ зы лъэпкъыми иIэжщ езым и антропонимхэр. Псалъэм папщIэ, «хьэ» - «собака» псалъэр хэту цIэ куэд дыдэ диIэу щытащ. Антропонимхэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ щытщ лингвистикэм (бзэщIэныгъэм).
Адыгэбзэм цIыхум и цIэхэри унэцIэхэри къызэрыхъур мыдрей псалъэхэр къызэрыхъум хуэдэ дыдэущ. Адыгэбзэхэм щыIэщ псалъэ къэхъукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм щыщу нэхъыщхьэр морфологическэ, морфолого-синтаксическэ, лексико-семантическэ.
Морфологическэ псалъэ къэхъукIэм къызэщIиубыдэу щытщ: а) псалъэпкъ зэхыхьэкIэрэ псалъэщIэ къэхъуныгъэ; б) префикс пыувэкIэрэ псалъэ къэхъуныгъэ; в) суффикс пыувэкIэрэ псалъэ къэхъуныгъэ; г) префикси суффикси пыувэкIэрэ псалъэ къэхъуныгъэ.
Морфолого-синтаксическэ псалъэ къэхъукIэр – зы псалъэ лъэпкъыгъуэм икIыу нэгъуэщI зы псалъэ лъэпкъыгъуэм хуэкIуэныгъэ. Псалъэм папщIэ, инфинитив – масдар формэр щыIэцIэм хуэкIуэу къыщыхъу щыIэщ.
Лексико-семантическэ псалъэ къэхъукIэ – псалъэ зэпхар псалъэм хуэкIуэныгъэкIэ къэхъуауэ адыгэбзэм хэтщ псалъэ мымащIэ.
Лексико-семантическэ къэхъукIэр – зы псалъэм нэгъуэщI мыхьэнэ зэхъуэкIа игъуэту къыщыкIуэм и дежщ.
Псалъэпкъ зэхыхьэкIэрэ къэхъуа унэцIэхэр:
а) щыIэцIэ + щыIэцIэ
ГъукIэщауэ, Дзэпщ, ХьэпащIэ.
б) щыIэцIэ + плъыфэцIэ
ХьэфIыцIэ, Нэдахэ.
Префикс пыувэурэ къэхъуа антропонимхэр:
дэ – Дэбагъуэ
пэры – Пэрыт
зэры – зэрымыщIэ
гъэ – Гъэунэ
Суффикс пыувэурэ къэхъу антропонимхэр:
ж – Гъуэтыж, Унэж
гъу
ф
Префикси суффикси пыувэурэ псалъэ къэхъуныгъэ:
те – ж – Теувэж, Къэшэж.
Мыпхуэдэ унэцIэхэм нэмыщI щыIэщ унэцIэ куэд дыдэ псэущхьэхэм я цIэм къытекIауэ. Псалъэм папщIэ: Дыгъужь, Джэду. ЦIыхум и цIэм къытекIа унэцIэхэр: Анзор, Алим, Мурат.
Адыгэ унэцIэ куэд щыIэщ –къуэ, -сын псалъэр пыувэурэ къэхъуауэ. Акад къызэрилъытэмкIэ грузин унэцIэхэм дызыщрихьэлIэ –къва элементыр адыгэбзэм къыхэкIащ. ИкIи «къуэ» псалъэр зыхэт унэцIэхэрщ нэхъыбэ дыдэу «Шу закъуэ» романым дызыщрихьэлIэр:
1. Бэлэтокъуэ [34] – сын Булата.
2. БжэнылIокъуэ [274] – мы унэцIэр псалъэпкъищ зэхыхьэри къэхъуащ: Бжэн + лIы + къуэ.
3. Елджэрыкъуэ [32]
4. ЕмылIыкъуэ
5. Зэлыкъуэ [5]
6. Темгъэн [38]
7. ХьэтIохъущокъуэ [42]
8. Хьэукъуэ [87]
Дэтхэнэ зы къызэрыгуэкI псалъэри нэгъуэщIыбзэм къыхэкIауэ зэрыщытынум хуэдэу антропонимхэр щытынкIэ хъунущ бзэм езым къигъэщIыжауэ, е нэгъуэщIыбзэм къыхихауэ а бзэм мыхьэнэ щхьэхуэ къыщиIуатэу щыту.
Ц1ыхухъуц1эхэр:
1. Алъхъэс [187] «особенный» жиIэу къикIыу аращ.
2. Андемыркъан [15] Мы цIэм куэд дыдэрэ дыщрихьэлIэу щыткъым романым, зэ закъуэ къыщыкIуэу аращ. Нарт эпосым хэт лIыхъужьщ къызытекIар. КъикI мыхьэнэ и лъэныкъуэкIэ дыбгъэдыхьэмэ мы цIэр Iыхьэ зыбжанэу зэхэтщ, нэхъ тэмэму жытIэмэ Iыхьищу зэхыхьауэ щытщ, икIи адыгэцIэу щыткъым. Тюркскэ бзэхэм къыхэкIауэ щыту аращ. ЦIэр Iыхьищу зэпыдгъэкI хъунущ, дэтхэнэ зыми мыхьэнэ щхьэхуэ иIэу. Мы цIэр Айдемыр(къан) жиIэу къыщыкIуэ щыIэщ. Ай(ан) «луна» мазэ жиIэу аращ, демыр (темыр) – «железо» жиIэу аращ. Къан псалъэм мыхьэнэ куэд иIэу къыщокIуэ тюркскэ бзэхэм (кровь, царь – хан), ауэ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм «гъэсэн» «воспитанник» мыхьэнэр иIэу къокIуэ. «Къан» псалъэр антропонимхэм и пэми и кIэми иту къокIуэ. Псалъэпкъ зэхыхьэкIэрэ къэхъуащ адыгэбзэм.
3. Атей [6]
4. Батым [38] «батэ» псалъэм еппх хъунущ.
5. Батий [94] – мыри тхыдэм увыпIэшхуэ щызыубыд монгол-тэтэрхэм я хъанщ. Мы цIэм мыхьэнэуэ «победитель», «открывающий» иIэщ.
6. ГуIэтыж [59] адыгэбзэкIэ гу «сердце», Iэтын (Iэтыжын) «поднимающий, поднимающий вновь» мыхьэнэр иIэщ. УзыгъэгуфIэж, гуауэр пщхьэщызыхыж жиIэу аращ. Псалъэ къэхъукIэ и лъэныкъуэкIэ дыбгъэдыхьэмэ мы антропонимыр псалъэпкъитI зэхыхьэкIэрэ къэхъуащ (щыIэцIэ + глагол).
7. Даур [39] – диным ехьэлIа «деур» псалъэм елъытауэ къэлъытапхъэщ.
8. Елъхъуэт [242]
9. Ерстэм [5] - грузинское сословие и кабардинская фамилия Эристави (Ерстау).
10. Жанджэрий [39] - анторопонимыр IыхьитIу – псалъэпкъитIу зэпхащ. ПсалъитIри нэгъуэщIыбзэм къыхэкIащ. Персыбзэм (Вэжэрыбзэм) дыщрихьэлIэу щытщ. «Жан», «Джан» псалъэм «душа» (псэ) мыхьэнэр иIэу. «Жан» псалъэр адыгэбзэм езым и псалъэхэми пыту къокIуэ икIи абы къыхэкIкIэ мы псалъэр адыгэбзэм ейуэ къэзылъыти щыIэщ. «Жан» - «острый» мыхьэнэр иIэу къыдогъэсэбэп. Джэрий (гирей) – татар пщы лъэпкъым я унэцIэу аращ, «заслуженный», «достойный», «обладатель прав» мыхьэнэр иIэу аращ. Мы антропонимыр и щхьэ хущыту псалъэ закъуэу псалъэпкъ Iыхьэм и зы Iыхьэуи къыдогъэсэбэп.
11. Кушыку [50]
12. Къадырбэч [112] Антропонимыр псалъэпкъитIу зэхыхьащ. «Къадыр» шы лъэпкъ къигъэлъагъуэу щытщ. Тюркскэ бзэхэм къыхэкIауэ щытщ. «Бек» псалъэр «господин», «начальник» жиIэу къокI. «Бек» псалъэр и щхьэ хущытуи, псалъэпкъ зэхыхьэм и зы Iыхьэуи къагъэсэбэп.
13. Къуалэ [79]
14. Лахъуэжь [73]
15. Матвей
16. Мыхьэмэт (Мухьэмэд) [42] – «прославленный» мыхьэнэр иIэщ. Хьэрыпыбзэм щыщщ.
17. Мурад-мырзэ (Мурат) [147] – «желанный» жиIэу аращ. «Мурад» псалъэр хьэрыпыбзэм къыхэкIащ «цель» мыхьэнэр иIэщ. «Мырзэ» персыбзэм къыхэкIащ. Антропонимым и пэ итуи, и ужьым итуи къокIуэ. КъигъэлъэгъуэнкIэ хъунущ цIэр зезыхьэр: а) лъэпкъ хэIэтыкIам зэрыщыщыр; б) щIэныгъэлI, щIэныгъэ степень иIэу зэрыщытыр; в) секретарь-писец мыхьэнэри иIэнущ. «Мырзэ»-р адыгэцIэхэм япыту къэкIуэнущ.
18. Мустэфа (Мэстафэ) [242] Хьэрыпыбзэм къыхэкIащ, «избранник» мыхьэнэр иIэщ.
19. Петр [42] УрысыцIэщ. Грекыбзэм къыхэкIащ, «камень», «скала», «утес» жиIэу аращ.
20. Созрэхьэ [79] – Созрэщ теонимым едгъапщэ хъунущ. Мэжусий диным и зэманым унагъуэм и тхьэу…
21. Тыркубий [211] Мы антропонимыр псалъэпкъитI зэхыхьэри къэхъуащ. Тырку – щыIэцIэ уней. «Бий» псалъэр «бей» (богатый) хьэрыпыбзэм къыхэкIа псалъэм къытекIауэ абы и зы къэкIуэкIэу къэлъытапхъэщ. Языныкъуэ къэралыгъуэхэм «бей» псалъэр «зиусхьэн» жыхуэтIэм и синониму къокIуэ. Мыпхуэдэ элементым куэд дыдэрэ адыгэ цIыхухъуцIэм дыщыхуозэ. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм антропонимхэм къфщфкIуэ бий-м «враг» мыхьэнэр къыикIыу къалъытэ, ауэ ар тэмэм дыдэу къэлъытапхъэщ. Абы ипкъ иткIэ Тыркубий - «богатый турок» жиIэу къокI.
22. Уэгъул-бей [236]
23. Хьэту – нэпсей «скупой» мыхьэнэр иIэу адыгэбзэм дыщрохьэлIэ.
24. Шэлэбий – шылэ «шелк», бий (бей) – богатый.
ЦIыхубзыцIэхэр:
Зулихъэ [245]
Кулэ [188] – «Гулэ» персыбзэм къыхэкIащ «цветок» мыхьэнэр иIэщ.
Лашын [263] – «ястреб» мыхьэнэр иIэщ.
Мазагъуэ [120]
Суанд [38]
Топонимхэр
Топонимхэр Iуэхур щекIуэкI щIыпIэм и цIэр къэзыIуатэ псалъэхэрщ. Зы художественнэ тхыгъи щыIэкъым топонимхэр куэд дыдэу къыщымыкIуэу. Апхуэдэщ «Шу закъуэри». Адыгэбзэхэм топоним нэхъыбэ дыдэ къохъу: къуэ «долина, балка» Къамылыкъуэ «Камышовая». «Шу закъуэ» романным куэдрэ дыщрохьэлIэ Зеикъуэ (Кизиловая) топонимым.
псы «вода», «река»
а) Псыбэ, Псыхъурей (вода круглая)
б) ТIуапсэ (двуречье)
Псынэ // родник
Псынэдахэ, Лашыныпс, Дахэ и псынэ.
хьэблэ «аул»
Къармэхьэблэ, Бэрэзджхьэбл.
Iуащхьэ
Сабий Iуащхьэ, Тамбыр Iуащхьэ.
къалэ // крепость, город
КъалэкIыхь, Аскъалэ.
кхъэ // могила, кладбище
Къэбардэ и кхъэ, Кхъэджабэ.
мэз // лес
Нэгъуей мэз, ЦIэмэз.
тх // хребет
Алтудхэ я шытх, ТхыщIакIуэ шытх.
Семантикэ и лъэныкъуэкIэ топонимхэр зэщхьэщыкIыу щытщ:
1. ормоним (бгы гъэхъун, къуэладжэ)
2. 2. гидроним (псы, псынэ, орыжь, гъуамэжь
3. дромоним (гъуэгу, лъагъуэ, щIэкIыпIэ, щIыхьэпIэ)
4. ойконим (хьэблэ, къуажэ, жылэ)
5. дрионим, фитоним (мэз, жыг)
6. «священные места» жыхуэтIэхэр (тхьэщIагъ, чэщанэ, къубэ)
Топонимическэ термин куэд къагъэхъуу щытщ ай, ей жыхуиIэ Iыхьэхэм. Псалъэм папщIэ: Елджэрыкъуей, Инарыкъуей. Адыгэбзэхэм топонимическэ термин куэд къохъу псалъэпкъитI зэхыхьэкIэрэ:
1. щыIэцIэрэ + плъыфэцIэрэ: Псыхуабэ, Псынэдахэ;
2. щыIэцIэрэ + щыIэцIэрэ: ЦIэмэз, ТхьэщIагъ.
Дэ зэрытщIэщи, щытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэхэр игъэбелджылы псалъэм иужь итущ къызэрыкIуэр иджырей адыгэбзэм, ауэ топонимхэм дахэплъэжмэ хыдолъагъуэ плъыфэцIэр ипэ иту къыщыкIуи: Дахэпсынэ. Мыр щыхьэт техъуэу къыщIэкIынущ, пасэрей адыгэбзэхэм плъыфэцIэр ипэ иту къакIуэу зэрыщытам. Апхуэдэ дыдэщ бжыгъэцIэхэм я къэкIуэкIэри. Зэрабж бжыгъэцIэхэр иужь итущ къызэрыкIуэр зым нэмыщI. Ауэ топонимхэм ипэ иту къыщыкIуэ щыIэщ: ТIуащIэпс, ТIуалэ. Убыхыбзэми къатщтэмэ бжыгъэцIэхэмрэ цIэпапщIэхэмрэ ягъэбелджылы псалъэм ипэ иту къокIуэ.
3. щыIэцIэ + щыIэцIэ + ягъэбелджылы псалъэ: Псынэкъуэпс, псынэ+ къуэ +псы.
4. щыIэцIэ + щытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ плъыфээцIэ ягъэбелджылы псалъэр: Псы щIыIэкъуэ.
5. щыIэцIэ + щыIэцIэ + зыщыщ къэзыгъэлъагъуэ плъыфэцIэ: Дей мэз цIыкIу, кхъуэжыжь.
6. щыIэцIэ (ягъэбелджылыр) + щытыкIэ къэзыгъэлъагъуцэ плъыфэцIэ + плъыфэцIэ: КъуэIэнэщIыжь.
Этнонимхэри щхьэхуэу къыхагъэкI. Ар лъэпкъ щхьэхуэхэм зэреджэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэщ. ж «Шу закъуэ» романым этнонимхэми топонимхэми увыпIэшхуэ дыдэ щаубыд. Ахэр алфавиткIэ зэкIэлъыхьауэ и лъабжьэкIэ къыщокIуэ.
Абэзэхэ [5] Азакъ къалэ [41]
Акъмэжджыт [231] Бахъшысэрей [13]
Бжьэдыгъу [27] Бытырбыху [214]
ВыукIей [117] Гезелеу [227]
Дагъыстэн [84] Джэджанэ [24]
Джэмбулакъ лъэпкъ [189] Зэпэрож къэзакъ [211]
Зеикъуэ [171] Истамбыл [159]
Итау – Итыку [41] Куржы [83]
КIэмыргуей [172] Къафэ къалэ [106]
Къаплу [37] Къалмыкъ [91]
Къазиихым деуэкI уэх [45] Къэбэрдей [5]
Къэжэр [51] Кърым тэтэр [21]
Къыргъыз хэку [215] Къущхьэхъу [40]
Къуэщ [90] Лъэхъэнакъуэ [214]
Мэзкуу [59] Мэхъуышэ [172]
Мэмхэгъ [90] Нэгъуей [13]
нэмыцэ [214] поляк [12]
Сабий Iуащхьэ [95] Скиф [5]
Тамбыр [95] Тэтэр [238]
Тэмэн къалэ [106] Темыр [227]
ТхьэщIагъ [5] ТхыцIакIуэ шытх [25]
ТIэуипкI нэпкъ [40] ТIуапсэ [270]
ТIы едзыхыпIэ [40] Уэр-къап [230]
Уэщтэн [135] УэщнэIу [77]
Улэпсын [35] Урыс къэралыгъуэ [214]
Хыкъуэ [207] Черкес [228]
Шапсыгъ [13] Шэлэбыкъуэ и адрей дэкIыпIэ [189]
Ширин лъэпкъ [247]
Гидронимхэр
Борисфен [148] И сатур жыжьэ макIуэ: Кърыми къыщызэтеувыIэркъым, Борисфен нос.
Гъуамэжьыпс [230] Гъуамэжьыпсым я зэхуаку дэлъ щIы къуэпс бгъузэм къалэ быдапIэ гуэр щрихьэлIащ.
Джэдуунэ [190] Япэ цIыху кърамыгъыхьэу Джэдуунэ икIыпIэм деж Лабэ щызэпрыкIащ.
Елбыдз псыхъуэ [145] ПIащIэ нэхърэ, шым Елбыдз псыхъуэм зыщригъэгъэпсэхумэ нэхъ фIэтэмэмщ ерстэм.
Индыл [91] Индыл зэпрыкIыу, Къыргъыз хэкум ихьэн хуей хъуащ. Сыт мы щIалэ насыпыншэхэм и лъыхъуэнымрэ и къэшэжынымрэ, гъатхэри гъэмахуэри текIуэдащ, КIэмыргуейм кIуэгъуи ихуэжакъым.
Керч [239] Мы дыкъыздэкIуа гъуэгумкIи кIуэжынукъым, Керч бугъазымкIэ кIуэжын фIэкI.
Къэгъэлныкъ [147] Аркъэным и зы кIапэр къыздэпIыгъмэ сыбгъэунащ. Жыжьэкъым, Къэгъэлныкъ и Iуфэм Iусщ.
Къусыкъу [190] Къусыкъу псы цIыкIум нэсыху зыми IущIакъым, зыри зэхахакъым. Псы цIыкIум икIри тIэкIу кIуэтауэ, фоч зэхэуэ макъ зэхахащ.
Лабэ [13] Шапсыгъ пэшэгъу зимыIэмрэ Псыжь кхъуафэкIэ езымыкухэмрэ ЛабэкIэ яунэтIырт.
Псыжь [6] Псыжь Iуфэ ныбжьрей бий кIуапIэ гъуэгужьу щытащ. Илъэс минитI –щыкIэ узэIэбэкIыжмэ, скиф пащтыхь Атей и лъэр Псыжь Iуфэ къихусри къитIысыкIащ.
Псыху, Хуарзэ [90] ИтIанэ Хуарзэрэ Псыхурэ я зэхуакур иIыгъыу иригъэзыхыжри Джэдуунэ икIыгъуэм деж Лабэ нэсащ.
Салгъыр [231] Мыри гъуэгурыкIуэхэм я зыгъэпсэхупIэщ, мыбдежи щепсых хабзэщ. Салгъырщ зэреджэр, - жиIащ Ерстэм. – Бахъшысэрей унэсыху, нэгъуэщI псы урихьэлIэжынукъым.
Тэн [223] Псым кхъуафэ зэгуэпхэмкIэ зэпырыкIри Тэн Iуфэр яубыдыжауэ заулрэ псыщхьэмкIэ дэкIуеящ.
Уарп [13] Лабэ зэпрыкIырти, нэгъуейм яхыхьэрт, яIуэтэнкIи, яубыдынкIи къыхэмыщтыкIыжу, уарп ипщэкIэ Псыжь екIуалIэрт, икIыпIэр ящIэрти.
Улэ [35] Елджэрыкъуей жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, хэти къыбжиIэнущ УлэпсынэкIи йоджэ, улэ и Iуфэм псынэщIэжышхуэ иIэщи.
Хьэрэгуэл [90] Лабэ къызэринэкIа нэужь гъэзапIитI иIэт: Уарп Псыжь щыхэхуэж икIыпIэмрэ Хьэрэгуэл икIыпIэ лъэныкъуэмрэ.
Чамлыкъ [191] Шыхэр тIэкIурэ ягъэбэуа нэужь ежьащ. Чамлыкъ псы Iуфэм нэсыху гупыркъызэтеувыIакъым.
Чатырлыкъ [231] Пэжщ, мы лъэныкъуэмкIэ ихьэ гъуэгурыкIуэм дежкIэ лъапIэщ мы псы цIыкIур, псоми я зыгъэпсэхупIэщ. Зэ зэхихамэ и цIэр зыщыгъупщи щыIэкъым: Чатырлыкъщ.
Шэгрэн псыхъуэ [117] Шэгрэн псыхъуэ цIыкIум и щхьэм, ВыукIей мэз тхьэлъэIупIэм пэмыжыжьэу, ВыукIей къуажэ цIыкIур дэсащ.
Щхьэгуащэ [90] Ерстэм махэгъым япщэкIэ Щхьэгуащэ зэпырыкIащ. Аращ и нэхъ кIуапIэу щытар.
КIэух псалъэ
Мы диплом лэжьыгъэр щыщIэдзэм къалэн нэхъыщхьэ дыдэу зыхуэдгъэувыжар КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романыр зэрытха бзэр къэхутэныр аращ. Ди къалэныр дгъэзэщIэн папщIэ тхыгъэр щIэдджыкIащ. ТхакIуэм и Iэзагъыр дгъэбелджылын мурадыр ди1эу романым къыщыкIуэ псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм дыкъытеувыIащ, ахэр романым къыхэттхыкIащ.
Шу закъуэ романым жьы хъуа лексикэу хэтхэр къыхэттхыкIащ, ахэр зэхэдгъэкIыжащ историзм - архаизмхэу. Абыхэм я зэщхьэщыкIыныгъэми я гугъу тщIащ.
КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым нэгъуэщIыбзэм къыхэкIа псалъэ куэд дыдэ хэтщ. Дэ ахэр къыхэттхыкIащ, къызыхэкIа бзэри дгъэбелджылащ. Апхуэдэу, романым къыхэдгъэкIащ тхакIуэм IэкIуэлъакIуэу къигъэсэбэпа синонимхэр, антонимхэр.
Бзэр нэхъ къулей, нэхъ шэрыуэ ищIын папщIэ тхакIуэм къигъэсэбэп художественнэ-изобразительнэ Iэмалхэри романым куэду къызэрыщигъэсэбэпами гу лъыттащ, ахэри къыхэттхыкIащ.
КIэрашэм и романым увыпIэшхуэ щиубыду щытщ ономастикэм. Ономастикэр езыр къыгуэхыпIэ имIэу епхащ лингвистикэм. Зы тхыгъи щыIэкъым щыIэцIэ унейхэр куэду хэмыту. Ахэри щхьэж зыхиубыдэ гупкIэ дгуэшыжри ди лэжьыгъэм зэхэхауэ къыщытхьащ: антропонимхэр, топонимхэр, гидронимхэр. ЩыIэцIэ унейхэм я къэхъукIэри дгъэбелджылащ.
Апхуэдэу, романым фразеологизм куэд дыдэ зэрыхэтым гу лъумытэнк1э 1эмал и1экъым, дэри ахэр ди диплом лэжьыгъэм щыдгъэбелджылащ.
Шэч хэмылъу, мы романыр тхакIуэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ зыщ. Пасэ зэманым адыгэхэм яIа псэукIэр IупщIу ди нэгу къыщIэзыгъэувэж тхыгъэщ. Романым и бзэр гъэщIэгъуэнщ, къулейщ, Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ гъэнщIащ, шэрыуэщ. А псори, шэч хэмылъу, щыхьэт тохъуэ тхакIуэм и Iэзагъым.
Лэжьыгъэр щедгъажьэм ди пащхьэ идгъэува къалэнхэр дгъэзэщ1ауэ догугъэр. Ауэ, жы1эпхъэщ, нэхъыбэрэ дипломым делэжьыху езы романри нэхъ гъэщ1эгъуэн тщыхъуурэ, К1эрашэ Тембот 1урылъ адыгэбзэм и къулеягъымрэ ар ек1уу зэригъэшэрыуэфымрэ тф1этелъыджэурэ и к1эм зэрынэдгъэсар. Художественнэ – изобразительнэ 1эмалу тхак1уэм къигъэсэбэпар джыным мы зы романым и к1уэц1к1и адэк1э пыпщэ хъунущ. Магистратурэм дыщелэжьыну адэк1э мы темэм пытщэми ди гуапэ зэрыхъунум шэч лъэпкъ къытетхьэкъым.
Къэгъэсэбэпа литературэ
1 Л Проблемы кабардинской лексики. Нальчик, 1992.
2. Адыгэбзэ псалъалъэ. М., 1999.
3. , БищIо Б. Ч., IутIыж Б. Къу. Адыгэбзэ фразеологизмэхэм я псалъалъэ. Налшык, 2001.
4. Карданов -русский фразеологический словарь. Нальчик, 1973.
5. Шагиров словарь адыгских (черкесских) языков (а-н). Нальчик, 1977.
6. Шагиров словарь адыгских (черкесских) языков (п-I). Нальчик, 1979.
|
Из за большого объема этот материал размещен на нескольких страницах:
1 2 3 4 |


