Адыгэ литературэ

7 класс

Зыубзыху тхыгъэ

1. Зэрылажьэ программэр зэхэлъхьащ мы къэк1уэну нормативнэ тхылъхэр и лъабжьэу:

· Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ц1ыхубэм щ1эныгъэ егъэгъуэтынымк1э къищта Законхэмрэ Концепцэхэмрэ;

· Федеральнэ государственнэ стандартыр, егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм къищта Базиснэ учебнэ планыр;

· Егъэджэныгъэмрэ щ1эныгъэмк1э Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и министерствэм къигъэлъэгъуа тхылъхэр,

· предметымк1э зэхалъхьа типовойк1э дызэджэ учебнэ программэм, положенэм япкъ итк1э.

2. Программэр зэхэгъэуващ «Адыгэ (Къэбэрдей-Шэрджэс) литературэ 5-нэ-11-нэ классхэм папщ1э программэ». Авторхэр: Хьэк1уащэ А.Хь.,Абазэ А.Ч.,Бак1уу Хь.И.,Гъут 1.М.,Ержыб А.Къу.,Т1ымыжь Хь.Т.Налшык. 2010 гъэм къыщыдэк1ам тету.

Ебланэ классым адыгэ литературэр щегъэджиным къалэну къегъэув:

· Анэдэлъхубзэм и дахагъыр нэхъ къызыхэщ тхыъгэхэмрэ 1уэры1уатэм щыщ пкъыгъуэ уардэхэмрэ сабийхэм егъэц1ыхуныр.

· Адыгэ тхак1уэ пажэхэм я 1эдакъэщ1эк1хэм щыгъэгъуэзэныр.

· Тхыгъэ щхьэхуэхэр е езы дыдэхэм зэхалъхьа къэ1уэтэныгъэхэр(изложенэ) я бзэк1э ятхыжыфу егъэсэныр.

· Прозэу тхахэр я бзэк1э къа1уэтэжыфрэ абы тепсэлъыхьыжу, усэхэм ящыщу къагъэлъэгъуахэр гук1э зэрагъэщ1эфу егъэсэныр.

· Анэдэлъхубзэм хуэфащэ пщ1э хуащ1у ик1и иригушхуэу къэгъэхъуныр.

· Еджак1уэм я бзэм зегъэужьын, я словарнэ запасым хэгъэхъуэн.

· Иджыпсту къек1уэк1 информационнэ ехъул1эныгъэхэм к1элъыплъыфу, хэплъэфу, зыхуейр къыхахыфрэ къагъэсэбэпыфу егъэсэныр.

НЕ нашли? Не то? Что вы ищете?

Адыгэ литературэр Iэмал имыIэу яджын хуейхэм ящыщщ. Абы къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ щIэблэр бзэм и IэфIыр зыхищIэу, фIагъ-дахагъымрэ гурымыхьымрэ зэхигъэкIыфу, лъэпкъми цIыхубэми лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ художественнэ дуней еплъыкIэ телъыджэр игъэбатэу къэхъунымкIэ. Ар зи акъыл зэфIэувэ ныбжьыщIэм щIэгъэкъуэн хуохъу и анэдэлъхубзэмрэ Хэкумрэ фIыуэ илъагъуу, дэтхэнэ лъэпкъми и фIыр илъытэу, дунейпсо щэнхабзэм щыгъуазэрэ езым и лъэпкъ щэнхабзэр абы ирилъытыжыфу къэхъунымкIэ.

Литературэр убгъуауэ джыным кърокIуэ еджакIуэхэм я бзэм зиузэщIыныр, фIагъ-дахагъым и хабзэхэр бзэм зэригъэшэрыуэ Iэмалхэр къагурыIуэныр, лъэпкъ литературэм и зыужьыкIэмрэ и щытыкIэмрэ щыгъуэзэныр, абы и тхыдэм къыхэщ лъэхъэнэ нэхъ инхэр къыхагъэщхьэхукIыфыныр, художественнэ тхыгъэр и фIагъ-дахагъхэмкIэ екIуу зэпкърихыфу есэныр, литературэм и теориемрэ и хабзэ нэхъыщхьэ­хэмрэ ящIэныр.

4.Адыгэбзэр егъэджыныр къызэгъэпэщыпхъэщ компетентностнэ (лъэк1ыныгъэхэм зезыгъэужь ) бгъэдыхьэк1эм тету. Абы тещ1ыхьауэ ебланэ классым зыщаужь:

· коммуникативнэ (зэрызэгуры1уэ, зэрызэпыщ1а) компетенцэхэм,

· лингвистическэ (бзэщ1эныгъэ) компетенцэхэм,

· культуроведческэ компетенцэхэм.

Ебланэ классым щеджэ еджак1уэхэм адыгэ литературэмк1э ягъэзэщ1апхъэ лэжьыгъэхэр, я зэф1эк1хэр, щ1эныгъэр егъэф1эк1уэнымк1э ахэр зыхуэунэт1ахэр (компетенцэ елъытауэ)

Щ1эныгъэм и ф1агъыр къэзыгъэлъагъуэ унэт1ыныгъэхэр:

· предметымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр ( предметные компетенции)

· гъащ1эм, ц1ыхухэм яхэтынымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр

(социальные компетенции)

· культурэ куэдым хэзэгъэнымк1э, ар зыхащ1энымк1э ягъуэт

лъэк1ыныгъэхэр ( поликультурные компетенции)

· информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпык1эм ехьэл1ауэ

ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (информационные компетенции)

· гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (общекультурные

компетенции).

Ебланэ классым щадж темэхэм къыдэк1уэу еджак1уэхэм лъэпкъ литературэм и тхыгъэ куэдыр нэхъ куууэ ядж, абы къыхэк1ыу 1эмал имы1эу езыр-езыру ялэжьхэр, творческэ проектхэр, бзэм теухуа къэхутэныгъэхэр нэхъыбэу хэгъэхьэпхъэщ.

5. Ебланэ классым адыгэ литературэмк1э и программэр джыным сыхьэт 68-рэ хухах, абыхэм щыщу классым щ1эмысу яджыным сыхьэтибл хухах, бзэм зегъэужьыным сыхьэтибл хухах.

Адыгэ литературэр щебгъэджк1э къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэк1уэну 1эмалхэр (методхэр):

· Къэпщытэныгъэ,

· къэ1уэтэныгъэ,

· зэгъэпщэныгъэ,

· къэхутэныгъэ,

· прпродуктивнэ,

· репродуктивнэ, нэгъуэщ1хэри.

Мы къэк1уэну щытык1эхэр (формэхэр):

· джэгу-зэпеуэ,

· тест лэжьыгъэхэр,

· щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр,

· къэу1этэныгъэ,

· зэпсэлъэныгъэ,

· къэу1этыныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу, нэгъуэщ1хэри

Еджак1уэхэм ягъуэта щ1эныгъэр къызэрапщытэ щ1ык1эхэр:

- жьэры1уатэу блэк1а темэхэр къапщытэк1эрэ,

- щхьэзакъуэ лэжьыгъэ ягъэзащ1эк1эрэ,

- тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхк1эрэ,

-тест лэжьыгъэхэр ягъэзащ1эк1эрэ, нэгъуэщ1эхэри.

Ебланэ классым щеджэ еджак1уэм оценкэ зэрыхуагъэув щ1ык1эхэр:

Жьэры1уатэ жэуапхэм:

5 ягъэув ядж произведенэм и текстыыр тэмэму ищ1эмэ ик1и куууэ къыгуры1уэмэ; абы хэт ц1ыхухэм яку дэлъ зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я 1уэхущ1афэхэр, 1уэхугъуэхэм я зэк1элъык1уэк1эр къызэрыгъэлъэгъуар ик1и тхак1уэм къигъэсэбэпа художественнэ средствэхэм я мыхьэнэр къыгуры1уэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищ1эмэ, теорием теухуауэ и1э щ1эныгъэр нэсу къигъэсэбэпмэ; произведенэм и содержанэм щытепсэлъыхьк1э лъэхъэнэм, гъащ1эм ирипхыфмэ; и бзэр дахэмэ, къулеймэ, гъэхуауэ ик1и зыхищ1эу, псынщ1агъ мардэм тету къеджэмэ.

4 ягъэув ядж произведенэм и текстыыр тэмэму ищ1эмэ ик1и къыгуры1уэмэ; абы хэт ц1ыхухэм яку дэлъ зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я 1уэхущ1афэхэр, 1уэхугъуэхэм я зэк1элъык1уэк1эр къызэрыгъэлъэгъуар ик1и тхак1уэм къигъэсэбэпа художественнэ средствэхэм я мыхьэнэр къыгуры1уэу тепсэлъыхьмэ; литературэм и теориер ищ1эмэ, произведенэр щызэпкърихк1э литературэм и теориер къигъэсэбэлыфмэ; лъэхъэнэм, зэманым епхауэ произведенэр зэпкърихыфмэ; и бзэр, къеджэк1эр мы1еймэ. Ауэ и жэуапым щыщ1эныгъэу зы е т1у нэхъыбэ хэмытмэ.

3 ягъэув, ядж произведенэр зэрищ1эр ик1и къызэрыгуры1уэр и жэуапым къуигъащ1эмэ; произведенэм хэт ц1ыхухэм яку дэлъ зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я 1уэхущ1афэхэр, 1уэхугъуэхэм я зэхэлъык1эр къызэрыгъэлъэгъуар ик1и тхак1уэм къигъэсэбэпа художественнэ средствэхэм я мыхьэнэр къызэрыгуры1уэр къыжи1эфмэ; литературэм и теориер ищ1эмэ, ауэ произведенэр щызэркърихк1э тэмэму къимыгъэсэбэпымэ; произведенэм и содержанэм щытепсэлъыхьк1э лъэхъэнэм, гъащ1эм иримыпхыфмэ; и бзэм, къеджэк1эм щыщ1эныгъэ куэд и1эмэ; и жэуапым зэк1элъык1уэк1э тэмэм имы1эмэ.

2 ягъэув ядж произведенэм и текстым емыджамэ, содержанэри щ1агъуэу имыщ1эмэ; литературэм и теорием щыщ гуэрхэри имыщ1эмэ; и бзэм, и къеджэк1эм зык1и аразэы укъимыщ1мэ.

Тхыгъэ лэжьыгъэхэм:

5 ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгуры1уэмэ ик1и зэк1элъык1уэу, гуры1уэгъуэу, тэмэму къи1уэтэжамэ, псалъэухахэр ек1уу иухуамэ, псалъэ лей къыхимыгъэхьамэ, пэжырытхэмк1э зы щыуагъэ ф1эк1 имыщ1амэ, нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэу зы ф1эк1а хэмытмэ.

4 ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр тэмэму къыгуры1уэмэ ик1и зэк1элъык1уэу, гуры1уэгъуэу, къи1уэтэжамэ, стилистическэ щыуагъэу зы – т1у, пэжырытхэмк1э щыуагъэу т1у, нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэу зы – т1у ф1эк1а хэмытмэ.

3 ягъэув, тхыгъэр зытепсэлъыхьыр мы1ейуэ къыгуры1уэмэик1и къи1уэтэжмэ, ауэ къэ1уэтэжык1эм щыуагъэу зы – т1у нэхъыбэ хэмытмэ е и зэк1элъык1уэк1эм ныкъусаныгъэ мащ1э ф1эк1 имы1эмэ, тхыгъэм хэт стилистическэ щыуагъэхэр щы, пэжырытхзэмк1э ик1и нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэхэр зэхэту блы нэхъыбэ мыхъумэ.

2 ягъэув, къызэджар къызэрыгурымы1уар къыщи1уэтэжым къигъэлъагъуэу щыуагъэ зыбжанэ ищ1амэ, тхыгъэм зэк1элъык1уэныгъэ, зэпхыныгъэ яку имылъамэ, стилистическэ щыуагъэ зыбжанэ хэтмэ, пэжырытхэмк1э, нагъыщэ гъэувык1эмк1э щыуагъэхэр зэхэту блы нэхъыбэ ищ1амэ.

Къызэрапщытэ лэжьыгъэхэм:

5 ягъэув орфографическэ щыуагъэ е пунктуационнэ щыуагъэ зы ф1эк1 хэмытмэ.

4 ягъэув орфографическэ щыуагъэу т1у пунктуационнуиэ щыуагъэу т1 у ф1эк1 хэмытмэ е орфографическэ щыуагъэу зы нэхърэ пунктуационнэ щыуагъэу щы нэхърэ нэхъыбэ зыхэмыт диктантым.

3 ягъэув щыуагъэхэм я бжыгъэр орфографическэу пл1ырэ пунктуационнэу пл1ым е орфографическэу щырэ пунктуационнэу тхум щ1имыгъуу щытмэ, е офографическэу зыри хэмыту пунктуационнэу блы зыхэтым.

2 ягъэув орфографическэ щыуагъэр блым, пунктуационнэ щыуагъэр блым щхьэдэхамэ е орфографическэу хырэ пунктуационнэу ирэ, орфографическэу тхурэ пунктуационнэу бгъурэ, орфографическэу ирэ пунктуационнэу хырэ хэтмэ.

Тематическэ план

Адыгэ литературэ 7-нэ класс.

№№

Разделхэм я темэхэр

Сыхьэт

Б/з

Кл/щ1

Егъэджэныгъэ

1.

Адыгэ 1уэры1уатэ

4

4

2.

Адыгэ уэрэдыжьхэр

3

3

3.

Адыгэ хъуэхъухэр

2

1

1

4.

Щоджэнц1ык1у 1эдэм и усэхэр

2

2

5.

Бемырзэ Мухьэдин и усэхэр

2

2

6.

Анзор Мухьэмэд и тхыгъэхэр

6

2

4

7.

К1эрашэ Тембот и тхыгъэхэр

4

1

3

8.

Мыжей Михаил и тхыгъэхэр

3

3

9.

Нало Заур и тхыгъэхэр

4

2

2

10.

К1ыщокъуэ Алим и усэхэр

3

1

2

11.

Хъупсырджэн Хъызыр и тхыгъэхэр

3

3

12.

Елгъэр Кашиф и тхыгъэхэр

3

1

2

13.

Уэрэзей Афлик и усэхэр

2

2

14.

Брат Хьэбас и тхыгъэхэр

2

2

15.

Щэджыхьэщ1э Хьэмыщэ и тхыгъэхэр

4

2

2

16.

Мыкъуэж Анатолэ и усэхэр

3

1

2

17.

Джэдгъэф Борис и тхыгъэхэр

3

1

2

18.

Къэжэр Хьэмид и усэхэр

2

2

19.

Къэжэр Хьэмид и тхыгъэхэр

1

1

20.

Къумыкъу Мамдыхь и тхыгъэхэр

2

1

1

21.

Къэрмокъуэ Мухьэмэд и тхыгъэхэр

2

2

22.

Хьэх Сэфарбий и усэхэр

3

1

2

23.

Тхьэгъэзит Зубер и усэхэр

2

2

24.

Мэшбащ1э Исхьакъ и усэхэр

1

1

25.

Бицу Анатолэ

1

1

26.

Яджам къытегъэзэжын

2

2

Псори

70

7

7

55

Из за большого объема этот материал размещен на нескольких страницах:
1 2