Партнерка на США и Канаду по недвижимости, выплаты в крипто

  • 30% recurring commission
  • Выплаты в USDT
  • Вывод каждую неделю
  • Комиссия до 5 лет за каждого referral

Джырандыкъуэ и деж сык1уэн хуей пэтми. Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэм еш жыхуа1эр ямыщ1эу ят1эр еуэ къахь.

Пщэху ц1ык1ур унэ ищ1ым и к1апэм лъапэк1э тоувэри ят1э т1эк1ур к1эрегъапщ1э япэм къихьам. Нэ жан ц1ык1умк1э ищ1ам йоплъыж, ар ек1у хъуауэ къелъытэж, абы къик1к1э гуф1эу зыгуэрхэр кърешри ят1эхьэ аргуэру мэлъатэ.

  Уэрэд къишынк1э 1эзэ пц1ащхъуэр псынщ1эу ик1и ф1ыуэ зэрылажьэм сык1элъыплъу сэри сыщысщ. Ит1анэ си гум къок1: мы пц1ащхъуэхэм абгъуэ зэращ1 щ1ык1эм хуэдэу, дэри хьисэпыр тщ1ыуэ грамматикэмк1э къыдата дерсыр дгъэзащ1эурэ,  усэхэр гук1э зэдгъащ1эурэ ди щхьэм идощ1ыхь щ1эныгъэр зыщ1элъын унэ дахэ ц1ык1ухэр.

  (Теунэ Хь.)

Грамматическэ лэжьыгъэхэр:

1)Текстым псалъащхьэ хуэщ1ын.

2)Псалъэуха щ1этхъар синтаксическэу зэпкърыхын.

Темэ№2  Изложенэ, сочиненэ щытык1эхэр и1эу.

  Унагъуэ насып.

Пщэдджыжьым жьыуэ л1ыжьыр унэм къыщ1эк1ащ. Жэщым уэсыщ1э къесат. Л1ыжьыр еплъмэ, куэбжэмк1э лъэужь дэк1ырт. Л1ыжьым игъщ1эгъуащ: си япэ къэтэдж1ауэ и 1уэху и ужь ихьа? Иджыри къыздэсым апхуэдэ къэхъуатэкъым. Хабзэр быным я нэхъыжьым зи1эту мыдрейхэр игъэушу, зэщ1игъэтаджэу псори я 1энат1э пэрыхьэу арат.

Ар унэм щ1ыхьэжащ, еплъмэ, зыри къэтэджакъым, псори мэжей. Я пщ1ант1э дэк1 лъэужьыр зищ1ысыр къыщ1эну л1ыжьыр ежьащ. Куэд дэмык1ыу лъэкъуап1эр мэз лъапэ къуацэ-чыцэм нэсри к1уэдыжащ.

Абдежым л1ыжьым и щхьэм хуже1эж: «Тобэ, дунейм мыр сыт телъыджэ!»

«Сэ сытелъыджэкъым, л1ыжь, сэ сынасыпщ, фи уанагъуэ насып. Сыкъызащ1эк1ари уи унэр аращ. Т1эк1у ухэжаеу си лъэужьыр адрейхэм я лъэужьым хэгъуэхуэщэхук1э зып1эжьатэмэ, сэ фи деж нэгъазэ си1этэкъым. Иджы сыкъыщыбгъуэтак1э, апхуэдизу уп1ащ1эу укъыщыск1элъык1уак1э, къеда1уэ:  уи унагъуэм нобэр къэсыху мэли, шыи, 1эщ уэри фи1ащ. Иджы абы я зыхэзырщ къывдэхъунур. Аращи, хэдэ!» - къыхо1ук1 макъ гуэр чыцэм.

НЕ нашли? Не то? Что вы ищете?

Л1ыжьыр хэгупсысыхьащ, и щхьэм хэт1ахъуэурэ же1э: «Апхуэдэ 1уэху си щхьэ закъуэк1э дауэ сытегушхуэн, зыгуэрым сечэнджэщамэ, арат. Хъуну п1эрэ унэм щ1эсхэм…»

- Сыт щ1эмыхъунур? Упщ1э щ1эщхъуркъым. К1уэ, чэнджащэ, сэ сыножьэущ. Унагъуэм я нэхъ гъуамэри, зы ц1ыху акъылк1э псэуркъым.

Л1ыжьым къегъэзэж, балигъып1э иувауэ унэм исыр зэхуешэс, и ынсэ нэхъыщ1э дыдэ иджыри зытемыхьа, зэмыпсэлъам ф1эк1а къэмынэу.

1уэхур зы1утыр къыщащ1эм, абы зэдауэ, зэныкъуэкъу къок1. Унагъуэм щ1эсхэр къызэрыгъэплъащ, псоми къыхохыр мылъкурщ. Ауэ л1ыжьыр зыми и чэнджэщым арэзы техъуэркъым.

Ит1анэ абы и нысэ нэхъыщ1э ц1ык1ур къригъэшащ, мы 1уэхум абы къыхилъхьэнуми едэ1уэну. Унэм я нэхъыжьыр зыхуейр къыщищ1эм, нысащ1эм и нэсэгъу нэхъыжьым шэхуу жре1э: «Дыхуейкъым насыпым мэлыуи, шыуи, 1эщыуи. Хъуну щытмэ, насыпым ди унэкърегъэзэж унагъуэ нэмысу, сэ сызыхуейр унагъуэ насыпщ – къысщ1эхъуэ щ1эблэм нэхъыжь-нэхъыщ1э ящ1эу, я нэхъыщ1э ягъэгушхуэрэ я нэхъыжь темыгушхуэу, зыр зым щ1эгъэкъуэн хуэхъуу, зэгуры1уэ-зэдэ1уэжу псэуну.»

Нысащ1эм и псалъэхэр и нысэгъу нэхъыжьым тхьэмадэм жри1эжащ.

Ар л1ыжьым и гуапэ хъуащ, мэз лъапэми жаащ.

- Ат1э, насып, - же1э л1ыжьым, гущхуауэ,- сэ уэ сыпхуейкъым, шыуи, 1эщыуи, мэлуи, нэгъущ1 мылъкууи. Хъуну щытмэ, нэгъэзэж си деж унагъуэ нэмысу. Си унагъуэр, си лъэпкъыр зэгуры1уэ-зэдэ1уэжу, нэмыс, адыгагъэ я зэхуаку дэлъу псэун щхьэк1э. Дуней мылъкур зэхъул1эр зэгуры1уэ зэдэ1уэжыр, нэмыс, адыгагъэ зыхэлъыр аракъэ?

Нак1уэ, ат1э, тхьэмадэ, апхуэдэу щыхъуак1э, дык1уэжынщ. Уи нэмысыр, уи адыгагъэр убагъуэ, сэ насыпри абы сыдэубагъуэ!

Творческэ лэжьыгъэ.

Сэ насыпу къаслъытэр.

I. Адыгэбзэмк1э лэжьыгьэхэр.

Гъун. пкъэншэу ди Хэку иныр узылъэмы1эс къ. мыгьанэу къызэхэпк1ухьыну пхузэф1эк1атэмэ уэ уи пащхьэм зыкъыщызэ1уахынт зым нэхърэ зыр нэхъ хьэлэмэтыжу теплъэгьуэ телъыджащэхэм.

Уэ плъ. гьунт ц1ыху 1эужьу губгьуэм къыщыунэхуа мэзхэм я теплъэ абрагьуэхэри, токышхуэ зэрызек1уэ к1апсэхэр зы1ыгь жыр пкъо хъар лъагэшхуэхэри уафэм дыгьэ лъакъуэу зыщ1эзыгьакъуэ унэ хужьышхуэхэри. Плъ. гьунт къ. лэщ1эхэмрэ къу. жэщ1эхэмрэ жыг 

х. дэщ1эхэмрэ губгъуэ бэвхэмрэ.

Лэжьыгьэшхуэ щок1уэк1ыр ди щ1ыналъэм ик1и бгъуэтынкъым абыхэм я щыщу нэрымылъагьуми уи егъэджак1уэм и гуащ1э зыхэмыхьэ зы 1уэху. Дауэ абы и гуащ1э зэрыхыхьэр дауэ зэрыхэлэжьыхьыр ущ1эупщ1энщ уэ. Ди къ. ралым къыща1эт дэтхэнэ

1уэхуф1ри зыгъэзащ1эр ц1ыхурщ. А ц1ыхур къэгъэхъунымк1э гьэсэнымк1э дэ1эпыкъуэгьу хъур хэт Школым щылажьэ егьэджак1уэхэрщ. Ауэ щыхъук1эабы и лэжьыгьэф1  хэлъщ гьэзэщ1а хъу дэтхэнэ 1уэхушхуэми.

Уэ дауик1 зэзэмызэ къыщыпф1эщ1 щы1эу къыщ1эк1ынущ ар уэ къопхъэшэк1ыу ауэ зэман дэк1ынщи берычэт бесын щыхужып1эн махуэ къыпхуихуэнщ. Абы щыгьуэ уэ къыбгуры1уэжынщ ар къыпхуэпхъ. шэныр ф1ыуэ укъызэрилъагьум кьыхэк1 . у зэрыщытар.

Егьэджак1уэм жи1эгъащ еджагъэшхуэ ц1эры1уэ гуэрым и гуащ1эр и лъыр ф1ыгьуэу езым бгьэдэлъ псори ярет и еджак1уэхэм.

1.Текстым ц1э ф1эщ.

2.Зыхущыщ1э орфогаммэхэр, нагьыщэхэр дэгьэувэж.

3.Сыт хуэдэ жаныр зэрытхар?

4.Епл1анэ псалъэухар синтаксическэк1э зэпкърых.

5.Щ1ыналъэм - псалъэр морфологкческэк1э зэпкърых.

6.Бгъуэтынкъым, щок1уэк1ыр - зэрызэхэт 1ыхьэк1э зэпкърых.

II Литературэмк1э лэжьыгьэхэр.

1.К1ыщокъуэ Алим и лирикэм теухуа сочиненэ к1эщ1 тхы (напэк1уэц1 ныкъуэ нэхъ мынэхъмащ1эу)

2.Уэ ф1ыуэ плъагъу тхыгъэм теухуауэ тхы. (напэк1уэц1 ныкъуэ нэхъ мынэхъ мащ1эу)

Т1ум я зыр къыхэхи тхы

Темэ№3  Изложенэ, сочиненэ щытык1эхэр и1эу.

1ущыгъэ къыббгъэдэзылъхьэ

Зэрыжа1эщи, 1уащхьэмахуэ лъагэ дыдэщ. Лъагэ щхьэк1э, абы и щыгум ц1ыхуу дэк1ар апхуэдизк1э куэд мэхъури, я бжыпьэр зыщ1эж щы1эу къыщ1эк1ынкъым. Ауэ а бгым и щыгум я по дыдэу иплъа адыгэл1 хахуэ Хьэшыр Чылар и ц1эр к1уэды жыркъым ик1и к1уэдынукъым.

Пэжщ, зыри зыпэмылъэщу щыта лъагап1эм ар и закъуэпц1ий дэк1ыну ежьатэкъым, ат1э гупышхуэ и гъусащ. Хэт джабэкум деж къыщыувы1ащ, хэти 1уащхьэ щыгур т1ууэ зыгуэш щ1ы1эпсым нэс дэк1ыфащ; и щхьэ дыдэр къэзыщтэфар езы Чыларщ.

Зэман дэк1ащ, нобэ а бгы лъагэжьым т1ощ1рэ дэк1аи щы1эщ. Ауэ нэхъыбэжрэ удэк1ми, ар япэ дыдэ зылъэк1ам л1ыгъэк1э утек1уэжынукъым. Литературэри зыкъомк1э абы ебгъэщхь хъунущ. Мыбы уащрихьэл1энущ зыми и лъэ здынэмыса щыгум дэк1хэми, япэ итым и лъэмбым иувэурэ к1элъык1уэхами, 1уащхьэ джабэм адэк1э мык1уэфу къэувы1эхэми. Зэрыгуры1уэгьуэщи, яужьы1уэк1э зи гугъу тщ1ахэм хуэдэр нэхъыбэщ, япэрейхэр закъуэт1акъуэххэщ. Ауэ лъэпкъ литературам зы ф1ы гуэр къехъул1эмэ, зи ф1ыщ1эр а закъуэт1акъуэхэращ.

Нобэ зыми шэч къытрихьэнкъым джэгуак1уэ телъыджэ Агънокъуэ Лашэ, джэгуак1уэу къежьэу тхыгъэ усак1уэ хъуа Пащ1э Бэчмырзэ, жьэры1уатэ поэтикэм щезыгъажьэу тхыбзэ поэтикэм дыхуэзыша Щоджэнц1ык1у Алий сымэ 1уащхьэмахуэ япэ дэк1ам зэрыхуэдэм. Ахэм я лъэпкъэгъу дыдэщ К1ыщокъуэ Алими, ар лъэпкъ литературам щыхыхьагъащ1эм ди усыгьэм и теплъэу щытамрэ абы и л1ыгъэк1э къызэпыча хъуа гъуэгуанэмрэ къэплъытэмэ.

  Мы тхыгъэр зи 1эдакъэщ1эк1 Гъут 1эдэм къызэрыф1эщ1ымк1э, тегъэщ1ап1э щы1эщ ди лъэпкъ литературам къыхэжэпхъык1а тхак1уэ нэхъыф1хэм я 1уэхущ1афэхэр гупсэхуу къэтпщытэну игъуэ хъуауэ.

  Игъуэ хъуауэ къелъытэ абы и щхьэр течауэ дытепсэлъыхьын хуейуэ 1утыж Борис, Журт Биберд, Уэрэзей Афлик, Бицу Анатолэ, Ацкъан Руслан сымэ, нэгъуэщ1хэми я тхыгъэхэм, усак1уэ, тхак1уэхэм литературам хэлъхьэныгьэ хуащ1ар пэжырыгъуазэу къэтпщытэну дыкъыхуреджэ.

  «Тхылъым псори йофэгъуэк1»,- итхащ Чеховым. Навои жи1ауэ щытащ: «Тхылъыр пщ1э зыщ1умыт, уи ф1ыщ1и хуэмей егъэджак1уэщ. Дакъикъэ къэс абы 1ущыгъэ къыббгъэделъхьэ.»

Авторым и стилыр фымыхъуэжу фызэджар къэф1уэтэж.

Творческэ лэжьыгъэ.

Мы темэхэмк1э сочиненэ фтхы:

1.«Тхылъыр щ1эныгъэм и 1унк1ыбзэщ.»

2.Сытым сыхуаущия, сыхуагъэса тхылъхэм?

3.Лъагъуныгьэ къабзэмрэ ц1ыхум и дахагъэмрэ Бещтокъуэ Хьэбас и усэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар.

4.Тхыдэм и пэжыр адыгэ литературам къызэрыхэщыр.

5.Нало Заур и « Къру закъуэ» новеллэм гупсысэ нэхъыщхьэ щ1элъыр.

Темэ№4  Изложенэ, сочиненэ щытык1эхэр и1эу.

Жьыгъэ.

Гъащ1эр сабиигъуэрэ щ1алэгъуэ зэфэзэщу щытамэ аратэкъэ, бынхэ.  Ауэ насыпымрэ псап1алъэмрэ я зэхуакум дэлъщ Жьыгъэк1э зэджэ щ1ыналъэ гъурк1ыр. Абы зыми фыкъак1уэ яжри1эркъым. Умыщ1эххэурэ ухуок1уэ. Ук1уагъэххэрэ ущы1эу къыщ1ок1. Зэплъэк1ыжып1э къуимытуи уешэ. Ухуешэ нэхур щиухымрэ ухып1э лъэпкъ зимы1э к1ыф1ыр къыщыщ1идзэмрэ. Жьыгъэ. Ари гъащ1эм щыщщ. Гъащ1эм и зы 1ыхьэщ. Абы ц1ыхум зы 1эф1 гуэр къыщалъыхъуэ. Къагъуэтауэ къызыщагъэхъу. Иригуф1эу зыкъыпщагъэхъу. Ауэ ар щхьэгъэпц1эжщ. Насыпыр зы1эщ1элъэтахэм я щхьэ зэрытрагъэуж дзапэ уэрэдщ… Жьыгъэм зыри ф1ыуэ хэлъкъым, бынхэ. Ар - жьыбгъэщ. Зыри къыпхуэзмыхь жьыбгъэ нэщ1щ. Псори п1эщ1эзых жьыбгъэ гущ1эгъуншэщ. Ухып1эм и щ1эдзап1эр зыхозыгъъащ1э узщ. Аращ, бынхэ, жьыгъэр зищ1ысыр…  А узыр зэуэл1а дэтхэнэри гулъытэ хуэныкъуэщ. Гулъытэ мэлъыхъуэ. Сымаджэм хущхъуэ къызэрилъыхъуэм хуэдэу… Ауэ жьыгъэм пэ1эщ1э ц1ыхум ар ищ1эркъым. Абы и гугъэщ псори езым ещхьу. Узыншфгъэр и пкъым щызу. Гукъыдэжыр игум изу. Апхуэдэурэ гъащ1э хьэгъуэл1ыгъэшхуэм здыхэтым, куэдым я1эщ1ок1 нэхъыф1 дыдэу ялъагъу ц1ыхухэр. Я1эщ1ок1ри, а яхэщ1ар зищ1ысыр къапкъырыхьа нэужь, зэуэ к1уэц1ык1эм къыщоуш у1эбэу щытми узылъэмы1эсыжынум зыхуэзыший  гущ1эгъу гуэр. Гущ1эгъур 1эщ1эк1ам к1элъоджэ. Йолъэ1у. И щыуагъэхэмк1э тобэ къехьыж… Ауэ щ1ым п1иха къуитыжкъым, бынхэ. Щ1ыр абык1э гущ1эгъуншэщ… Гупагъэ мащ1э къытена мы дунейм, абы тек1ыжахэм къалъысын хуеяуэ. Ахэр макъыншэу мэгыз, псалъэншэу  мэгу1э.

Хьэуар пшыналъэк1э ягъэнщ1. Дунейм ехыжахэм ялъымыса гуапагъэм… Ц1ыхур зэрыл1аракъым гуауэр, бынхэ. Къалъхуу мыл1эж щы1экъым. Гуауэр гулъытэк1э узыщыгугъым ущиук1ыжырщ. Ажалым дэ1эпыкъуэгъу щыхуэхъук1эщ. Къыщыпхуриджэм дежщ. Къыщыпхуишэм щыгъуэщ…

1эщэрэ щхъухьым и закъуэкъым ц1ыхур зэраук1ыр, бынхэ. Гу щ1ы1агък1и яук1. Гулъытэншагъэк1и яук1. мы щ1ы ф1ыц1эжьым щ1элъым  я нэхъыбап1эр зэрыл1ык1ари арэгъэнущ: гулъытэншагъэм…  Апхуэдэ 1эщэм и фэбжьыр  гум къок1иик1. Псэм къощэ1ук1. Ауэ а фэбжьыр нэрылъагъукъыми, къуаншэри хейуэ къонэ.  Ц1ыхухэм жа1энум и хьэтырк1э а яук1ам хабзэ гуэр иращ1эк1ыжмэ, я напэр къабзэу къалъытари, дагъуэ лъэпкъ зыхуамыщ1ыжурэ мэпсэу… Мис  мыри фи ф1эщ фщ1ы, бынхэ: ахэр иджыкъым щыл1эр. Ахэр гулъытэншагъэк1э зэрывук1ыжрэ куэд щ1ащ… Куэд дыдэ… Къыфтехьэлъэрэ зелъэфэней къыфщыхъуу щыщ1эвдза махуэ лъандэрэ… Ауэ дунейр апхуэдэу къызэхэнакъым. Дунейм ф1ыр щынэхъыбэщ. Жьыгъэм псэк1э защ1эзыгъакъуэхэр нэхъыбэщ. («Кхъужьеибэ» 1утыж Б.)

Из за большого объема этот материал размещен на нескольких страницах:
1 2 3 4 5